НОБЭФокIадэм и 23, щэбэт ♦КъуэкIыпIэ Жыжьэм щагъэлъапIэ къаплъэным и махуэр ♦Сауд Хьэрыпым и къэрал махуэшхуэщ - пащтыхьыгъуэ щигъуэта махуэщ. ♦1869 гъэм Менделеев Дмитрий химие элементхэм я периодическэ законыр къызэIуихащ. ♦1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдынымкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ. ♦2000 гъэм Тегенекли къуажэм къыщызэIуахащ усакIуэ, актёр цIэрыIуэу щыта, I966 гъэм Iуащхьэмахуэ лъапэ щытраха «Вертикаль» фильмым роль нэхъыщхьэр щызыгъэзэщIа Высоцкий Владимир и музей. ♦1934 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Тхьэгъэзит Зубер. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 21, жэщым градус 15 щыхъунущ. ФокIадэм и 24, тхьэмахуэ ♦Кърым Республикэм и къэрал гербымрэ къэрал ныпымрэ я махуэщ. ♦1993 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ комиссэ. ♦1863 гъэм къалъхуащ уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, джэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ. ♦1898 гъэм къалъхуащ Иордание Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и Парламентым и унафэщIу, премьер-министру, Сенатым и Iэтащхьэу щыта Хьэбжокъуэ Сэхьид. ♦1948 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэркъуасэ Анатолэ. ♦1948 гъэм къалъхуащ Адыгэ усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Семэн Руслан. ♦1961 гъэм къалъхуащ тележурналист, «Къэбэрдей-Балъкъэр» зыгъэлъагъуэ телевизионнэ канал» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта Къардэн Аслъэн. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 21, жэщым градуси I6 щыхъунущ. ФокIадэм и 25, блыщхьэ ♦Зи тхьэкIумэхэм зэхамыххэм я дунейпсо махуэщ ♦Машинэ зыщIым и махуэщ ♦1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр. ♦1932 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я артист ПщыхьэщIэ Мухьэжыр. ♦1933 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Щэмырзэ Iэмырбий. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 16 - 19-рэ, жэщым градус 15 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Нэрылъагъу щытхъур щIыбагъырыубщ.
Поделиться:
Читать также:
06.05.2024 - 13:11 →
НОБЭ
05.05.2024 - 10:00 →
Хьэршым зыщызыгъэкIэрахъуэ уафэщI жьэражьэ
03.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 →
НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
|