НыбжьыщIэхэм я зыужьыпIэ

Адыгэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирагъэхьэлIэ­ри, Кэнжэ къуажэм къыщы­зэIуахащ боксым зыщыхуа­гъасэ спортзалыщIэ. Абы и хэщIапIэ хъуар курыт еджапIэ №20-рщ. 

Урысей Федерацэм и Президентым унафэ ищIауэ щытащ физкультурэм, спортым, егъэ­джэныгъэм ехьэлIауэ щы­Iэ законодательствэхэр зэуIуу зэдэ­гъэ­лэжьэным теухуауэ. Ар ягъэзащIэкIэрэ, респуб­ликэм япэу щаухуа объектщ мыр.
Кэнжэдэсхэм, еджакIуэ цIыкIу­хэм, спортым дихьэххэм я гуфIэгъуэр даIыгъыну абы ­кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, КъБР-м егъэ­джэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, спортсмен цIэрыIуэхэр, къуажэ администрацэм и лэ­жьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри. ГуфIэгъуэ Iуэхугъуэм ехьэлIауэ школ пщIантIэм къэрал ныпхэр лъагэу щаIэтащ.
Зэхуэсым къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ къытщIэхъуэ ныбжьыщIэхэм я дежкIэ спортым мыхьэнэуэ иIэр, Iэпкълъэпкъыр зэрипсыхьым нэ­мыщI, абы акъылым зэрызригъэужьыр, еджэнымкIи сэбэп зэрахуэхъур, уэрамым къызэ­рыдишыр, мыхъумыщIагъэхэм зэращихъумэр. 
«Шэч къытесхьэркъым, но­бэрей спортзалыщIэм фIы куэд къызэрыдэкIуэнум, республикэр зэрыгушхуэн спортсмен цIэрыIуэхэр къызэрыщIэкIынум», - жиIащ Хьэсанэ Ислъам. 
ХьэщIэхэм къаплъыхьащ иджырей мардэм къитIасэ спортзалыщIэр икIи ялъэгъуа­хэмкIэ арэзы хъуащ. Ар къызэгъэпэщащ боксым зыхуэбгъэсэн щхьэкIэ узыхуэныкъуэну IэмэпсымэхэмкIэ. Бокс Iэлъэр пIэрыгъыу IэкIэ узэуэ фэ къэп­хэр (грушэхэр), тренажерхэр ярикъуу щыIэщ. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм боксёрхэр щызауэ профессиональнэ рингыр къахуищэхуащ.
БоксымкIэ секцэр къызэрагъэпэщащ Кэнжэ дэт «Пять ­колец» спортакадемием и дэ­IэпыкъуныгъэкIэ икIи абы и лэжьыгъэм пыщIауэ щытынущ. Нобэ спортакадемием къо­кIуалIэ ныбжьыщIэу 900-м нэблагъэ. Абыхэм зыщыхуа­гъасэ тхэквондом, бэнэкIэ хуитым, дзюдом, гимнастикэм, футболым, иджы боксыр къахыхьащ. 
БоксымкIэ сабийхэм ядэ­лэжьэнур Урысей Федерацэм спортымкIэ и мастер КIыщ Залымщ. Ар мызэ-мытIэу урысейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуащ, призер хъуащ. Абы зэрыжиIамкIэ, секцэм иджыпсту зыхезыгъэтхар ныбжьыщIэ 25-щ, ауэ абыхэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуэнум шэч къытрихьэркъым.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: