ЩIалэгъуалэр щIэныгъэм зэрыхуэкIуэр

Адыгэр щIэныгъэншагъэм къыхэкIыу зыужьыныгъэм зэрыхуэкIуар, щIалэгъуалэм я щхьэр къаIэту еджэным хуэпабгъэ, я зыхэщIыкIым зиужь зэрыхъуар къэзыгъэлъэгъуэж образ гъэщIэгъуэнхэр хэтщ адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Апхуэдэхэм ящыщ зым тотхыхь щIэныгъэлI ХьэкIуащэ Андрей. Ар тхакIуэ Ахъмэтыкъуэ Къазбэч и Iэдакъэ къыщIэкIа «Къалэн хьэлъэ» драмэм хэт лIыхъужьхэрщ. Мыр адыгэ литературэм и хэлъхьэныгъэ гъуэзэджэщ. И зэманым езым и щхьэкIэ игъэувыну яужь ита щхьэкIэ, ар абы къехъулIакъым. Сценэм ар япэу щихьар ди зэманырщ, ар зи фIыгъэри ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэкIэ щыIэ Къэбэрдей-Балъкъэр драмэ театрымрэ анэдэлъхубзэкIэ ар зэзыдзэкIа Журт Бибердрэщ.
ХуищIа фIэщыгъэцIэм укъытекIмэ, япэ еплъыгъуэкIэ, а драмэр тIуащIэу абы къыщыгъэлъэгъуа лъыщIэжыныгъэм теухуауэ къыпщыхъунущ. Ауэ гупсысэ щIэлъми, образ зэхуэмыдэ щызэфIэгъэувахэми тепщIыхьмэ, ар 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ дыдэхэм адыгэ гъащIэр зэхуэмыдэ лъэныкъуэ зыбжанэкIэ къыщыгъэлъэгъуэжа тхыгъэ хьэлэмэтщ. Нэхъыщхьэжращи, япэрей и тхыгъэхэм къащхьэщыкIыу, абы егъэлеиныгъэ хэлъкъым, щешэжьа Iуэхур зытещIыхьар бгырыс гъащIэм а лъэхъэнэм, ехьэжьэщауэ щымытами, пэжу къыщыхъуу щIэзыдза Iуэху къызэрыгуэкIщ.
«Къалэн хьэлъэ» драмэм и художественнэ гъэпсыкIэр гъэщIэгъуэнщ: абы япэщIыкIэ 20-нэ лIэщыгъуэм и пэщIэдзэм къэхъуа Iуэху шэщIа щешэжьам хэухуэнащ нэхъ пасэм екIуэкIа, зыкъомкIэ абы пэджэж нэгъуэщI зы лъыщIэжыныгъи. ЗэманкIэ зэпэIэщIэми, а IуэхугъуитIри зэпхащ. А зэпыщIэныгъэр зыгъэбыдэри а IыхьитIми зы лIыхъужь пыухыкIам узэрыщыхуэзэрщ. Абы къыдэкIуэуи, къызэрыгъэлъэгъуа IэмалкIэ а IуэхугъуитIри зэхуэдэкъым, зэщхьэщокI. ЕтIуанэ Iыхьэр, Хьэжмырзэ и лъыщIэжыкIэр, Iэтауэ, егъэлеиныгъэр щыкуэду, романтизмэм и хабзэхэм тету къэгъэлъэгъуамэ, япэ Iыхьэр,Уэсмэн и гъащIэм и къекIуэкIыкIар, гъащIэм къыщыхъу Iуэху къызэрыгуэкIщ, реализмэм и мардэхэм тещIыхьауэ пьесэм щызэфIэгъэуващ. 
IыхьитIми хэт лIыхъужьитIми – Уэсмэнрэ Хьэжмырзэрэ – я гъащIэ гъуэгур, бэлыхь мыухыж зызыхадзэжыр тхакIуэм фIэтэмэмкъым, бгырыс лъэпкъхэм я цIыхухэм лъыщIэжыныгъэ хабзэ мыхъумыщIэм къахуихь насыпыншагъэшхуэр фIэкъабылкъым. Iэужь абы къыдэкIуэхэм я зэранкIэ фIыуэ илъагъу хъыджэбзыр зи IэкIэ зыукIыжа Хьэжмырзэ IэщIэщIам хущIегъуэжауэ тыншыпIи щхьэегъэзыпIи имыIэу и гъащIэ псор дэгъэзеигъуэ зэфэзэщу ехь, гъащIэ гущIэгъуншэм и пщэ къыдилъхьа къалэн хьэлъэм и гъэзэщIэным и щIалэгъуи и пси щIитын хуей мэхъу Уэсмэни.
Зыхэт гъащIэр Ахъмэтыкъуэм куууэ зэрищIэри, художественнэ Iэзагъ нэс зэрызыIэригъэхьари, и зэманым щыIа Iуэху еплъыкIэ пэрытхэм зэрытетари зыгъэбелджылыр а драмэм екIуэкI зэманым теухуауэ хэт Iыхьэрщ. 
Лъабжьэ абы хуищIа Iуэхур бгырыс гъащIэм а илъэсхэм куэдрэ къыщыхъуу щытауэ пхужыIэнукъым – Уэсмэн хуэдэу, езым и жэрдэмкIэ еджакIуэ Урысейм дзыхь ищIу кIуэным тегушхуэр зырызыхэт. Ауэ ар зэрыпэжыр зыгъэбыдэ щапхъэ щхьэхуэхэри лъэпкъ тхыдэм къыхэнащ, абы къыхэкIкIи езыр фIыуэ зыщыгъуазэ апхуэдэ Iуэху пыухыкIа тегъэщIапIэ и тхыгъэм зэрыхуищIам шэч хэлъкъым.
ТхакIуэм и къэхутэныгъэ нэхъ инхэм ящыщ зыщ Уэсмэн и образ гъуэзэджэр. КъызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыхэкIа, тхьэмыщкIагъэм и бэлыхьхэр зи махуэкъэс а щIалэм апхуэдизкIэ щIэныгъэм лъагъуныгъэшхуэ хуищIат, и мыхьэнэр куууэ къыгурыIуати, и унагъуэр бащэу къызэрыщыгугъым щхьэкIи къимыгъанэу, ар еджакIуэ Мэзкуу макIуэ.
Ауэ еджапIэм щыщIэмыхуэм, мурад ищIахэр къыщемыхъулIэм, къигъэзэжын мэукIытэри, ар а къалэм къыдонэ, завод гуэрым щылажьэуи щIедзэ. Илъэситху нэблагъэкIэ зэрыдэсам и фIыгъэкIэ къэбэрдей щIалэм урысыбзэр уэрсэру зрегъащIэ, урыс лэжьакIуэхэм я псэукIэм, я гурылъ-гурыщIэхэм, хьэл-щэнхэм куууэ щыгъуазэ захуещI.
А зэманым къищIахэм, и нэгу щIэкIахэм Уэсмэн и зэхэщIыкIым, иIуэхуеплъыкIэм псынщIэуи зрагъэужь, гъащIэм дэтхэнэ и зы Iуэхуми нэгъуэщIынэкIэ еплъ мэхъу. Псом япэуи абы гу зылъитэр, къызэрыгуэкI бгырыс мэкъумэшыщIэхэми ещхьу, урысей гуащIэрылажьэхэм я псэукIэр зэрымытыншырщ – ахэми я лэжьыгъэр зылъэкIхэм, зыхузэфIэкIхэм хьэкъыншэу зэрыфIашхырщ, дэкъузэныгъэ ткIийм зэрыдагъэтырщ, зыхуей ямыгъуэту, бэлыхьым хэмыкIыу зэрагъэпсэурщ. 
Абы зэрыжиIэмкIэ, «Урысыр цIыху бэшэчщ, и щхьэ егъэзыхауэ мэлажьэ; хэт хузэфIэкIми абы хуошхыдэ, псоми и жагъуэ ящI, ауэ, зыхэтхэм и Iуэху хэмылъ хуэдэ, езыр псалъэмакъыншэщ. Дэнэ щIыпIи гъащIэр щыхьэлъэщ, зи гуащIэдэкI хьэлэлкIэ псэужым дежкIэ». Заводым къыдэлажьэхэм тхьэмахуэ зэхуакум зэ, тIэу лы яшхыу аращ, къалэжьым и нэхъыбэр тезыр щымыIэхэр къагупсысуэрэ фIатхьэкъу.
Уэсмэн пасэм хуэдэу зэрыт динымкIэ цIыхухэр зэщхьэщигъэкIыжыркъым. Абы къызрилъытэмкIэ, диныр мыхъуу, мылъкурщ ахэр зэпэщхьэхуэ зыщIыр. КъызэрыгуэкI осетин чыристэн щIалэр абы къуэш къыхуэхъуащ, иIэ мащIэмкIэ къыдогуашэ, нэхъыбэми мэжэщIалIагъэм къезыгъэлыр аращ, ауэ и хэкуэгъу, гъунэжу ишхыни ищIэни зиIэ, инэралым и къуэ и нэIуасэ адыгэ щIалэм абы зыри зэи къыхуищIэркъым, зыкIи зыкъыщIигъакъуэркъым.
Уэсмэн и образымкIэ тхакIуэм пэжагърэ кууагърэ хэлъу къыдигъэлъэгъуащ 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ дыдэхэм адыгэ щIалэгъуалэм адэжь IуэхущIафэхэр зэрафIэмыкъабылыжыр, зэрызыщадзейр, ахэр къызэрызэщыуар, щIэныгъэм я гупэ зэрыхуагъэзар, и мыхьэнэр куууэ къазэрыгурыIуар. И мурадхэр игъэзэщIэну хузэфIэмыкIами, илъэс зыкъомкIэ къэбэрдей щIалэм и унагъуэр бэлыхьым щIыхигъэтар щIэныгъэ зригъэгъуэтынырщ. А гугъуехьхэми абы зыхидзэжыну къыщIэкIынтэкъым щIэныгъэм и нэ къыхуимыкIтэмэ, ар фIыуэ имылъэгъуатэмэ.
И къуажэм еджапIэ къыщызэIуахыну яужь зэрихьар абы гуапэ щыхъуащ, занщIэуи хузэфIэкI псомкIи абы зыщIигъакъуэу щIедзэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, «ДяпэкIэ хъарзынэ хъунущ. Ди сабийхэм еджэн щIадзэрэ псори зрагъащIэмэ».
ЩIэныгъэ хузэмыгъэгъуэтами, Уэсмэн зэхэщIыкI куу иIэщ, зыхэт гъащIэм и щытыкIэ пэжыр елъагъу, ар нэсу къыгуроIуэ. Зыщыпсэу жылагъуэм щызекIуэ хабзэхэр абы фIэтэмэмкъым, зи гуащIэкIэ псэуж цIыхухэм яфI абыхэм зэрахэмылъыр, зэрызэрамыхуэр ещIэ. Абы къыдэкIуэуи Уэсмэн езым и закъуэ къарукIэ къыхуэхутэркъым гъащIэм щызекIуэ залымыгъэр, къызэрыгуэкI цIыхухэм ятелъ тхьэмыщкIагъэр зи зэраныр, абыкIэ къуаншагъэ зыбгъэдэлъыр. Абы къызэрыфIэщIымкIэ, лэжьакIуэбэр зыдэт дэкъузэныгъэр, зыхэт къулеисызыгъэр зи лажьэр, къызыпкърыкIыр зи къалэныр нэсу зымыгъэзащIэ хэку е къуажэ унафэщIхэрщ. И шыпхъу ФатIимэ къраха лейр лъыкIэ игъэзэкIуэжын къудей щхьэкIэкъым абы къуажэ писарыр щIиукIыр. И псэр щыхэкIым езыми зэрыжиIащи, Заурбэч абы щIиукIыр «цIыху пэжхэр а хьэкIэкхъуэкIэм щихъумэныр арщ». УнафэщI щхьэхуэхэр, залымзехьэ закъуэтIакъуэхэр укIкIэ гугъуехьакIуэм я псэукIэм зэрызимыхъуэжыныр, ар зэремыфIэкIуэныр иджыкIэ Уэсмэн къыгурыIуэркъым, а образыр къэзыгъэщIа езы тхакIуэ дыдэми абы и хэкIыпIэ хъунухэр ищIэркъым. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкIи къэмынэу, Уэсмэн и образыр тхакIуэм и ехъулIэныгъэ нэхъыфIхэм ящыш зыщ, ар и зэманым и лIыхъужьщ, абыкIи пэжу абы къигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ бгырыс щIалэгъуалэр къызэрызэщыуар, и щхьэхуитыныгъэр, и щIыхьыр ерыщу ихъумэж зэрыхъуар.
КъыкIэлъыкIуэнущ. 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: