«ЦIыхубэ участковэ-2023»

Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм илъэс къэс иригъэкIуэкI «ЦIыхубэ участковэ» урысейпсо зэпеуэм и етIуанэ Iыхьэр Къэбэрдей-Балъкъэрым жэпуэгъуэм и 7-м щаублэнущ.

Япэ Iыхьэми хуэдэу, полицэм и участковэ уполномоченнэхэм ящыщу етIуанэ Iыхьэм щытекIуар наIуэ хъунущ КъБР-м щыIэ МВД-м и сайтым Iэ щаIэткIэрэ.

ЕтIуанэ Iыхьэм хэхуащ зэпеуэм хэтхэм ящыщу 13, республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и щIыналъэ IэнатIэ псоми къабгъэдэкIхэр. ЕтIуанэ Iыхьэр республикэм щекIуэкIынущ жэпуэгъуэм и 16 пщIондэ.

Зэпеуэм и ещанэ (кIэух) федеральнэ Iыхьэр екIуэкIынущ щэкIуэгъуэм и 1 - 10-хэм. Абы щытекIуамрэ призерхэмрэ Полицэм и участковэ уполномоченнэм и махуэм ирихьэлIэу ягъэлъэпIэнущ.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: