Блын телъыджэр

Китай Блын Абрагъуэм и фIэщыгъэр китаибзэкIэ зэбдзэкIмэ, «блын кIыхь» жиIэу къокI. Зэман зэхуэмыдэхэм блыным фIэщыгъэ зэмыщхьхэр иIащ. XIX лIэщIыгъуэм абы еджэ хъуащ «Китай Блын абрагъуэкIэ». Блыным и кIыхьагъщ километр мини 9-м нэблагъэ. Уеблэмэ, и къыхэIущIыкIыпIэхэри къэплъытэмэ, километр мин 21,1-м зэрынохьэс. Абы и лъагагъщ метри 10-м нэс. Пэжщ, языныкъуэ Iыхьэхэм деж къызэрыгуэщэтам, жьы зэрыхъуам къыхэкIыу метри 2 хуэдиз хъужу аращ. Блыным и Iувагъыр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ зэхуэдэкъым, яхэтщ метри 9-м нэс. Китай Блыным и ныкъуэр Монголиерщ здэщыIэр. Китай Блын Абрагъуэр къыхэщIыкIащ мывэм, языныкъуэ щIыпIэхэм деж урохьэлIэ дыгъэкIэ ягъэгъуа чырбыш къагъэсэбэпауэ. Китай Блын Абрагъуэм чэщанэу хэтым и бжыгъэр мин 25-м зэрынэхьэсу къабж.

Блыным и ухуэныгъэр ирагъэжьауэ щытащ ди эрэм и пэкIэ III лIэщIыгъуэм. Щынагъэсар XVII лIэщIыгъуэрщ. Абы и ухуэныгъэм хэтащ цIыху мелуан бжыгъэхэр. XIX лIэщIыгъуэм блыныр кхъахэ зэрыхъуам къыхэкIыу къэщащэ хъуащ. 1984 гъэм ар зэтрагъэувэжын Iуэхур къаIэтащ. 1987 гъэм ЮНЕСКО-м блыныр яхибжащ дуней псом и гъуазджэ щIэинхэм. 2007 гъэм ар Дунейм и Телъыджиблым ящыщ зы хъуащ.

Блыныр зыплъыхьакIуэхэм папщIэ къызэрызэIуах лъандэрэ, абы цIыхухэр макIуэ мелуан бжыгъэкIэ. «Бадалин» щIыпIэр псом нэхъ цIыху кIуапIэу ябж. Зы илъэсым къриубыдэу абы турист 63 000 000 хуэдизым зыщаплъыхьа къэхъуащ. Махуэм къриубыдэу щыщыIа къэхъуащ цIыху 70 000-рэ.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: