Адыгейм и махуэр егъэлъапIэ

Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 32-рэ зэрырикъур жэпуэгъуэм и 5-м щагъэлъэпIащ ди къуэш республикэм. ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чернышенкэ Дмитрий, федеральнэ къулыкъущIэхэр, депутатхэр, сенаторхэр. Махуэшхуэм теухуа зэхыхьэхэр щекIуэкIащ Адыгейм и районхэми, Мейкъуапи. А махуэм республикэхэм ис цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я Iэзагъымрэ IэдакъэщIэкIхэмрэ утыку къыщрахьа гъэлъэгъуэныгъэ екIуэкIащ, къалэ паркым нэгузыужь зэхыхьэхэр къыщызэрагъэпэщащ, пщыхьэщхьэм АР-м щэнхабзэмкIэ и лэжьакIуэхэр, Урысейм и уэрэджыIакIуэхэр зыхэта концерт екIуэкIащ. 

Тхыдэм и напэкIуэцIхэр дигу къэдгъэкIыжынщи, Адыгэ Республикэр къызэрыунэхуам, къикIуа гъуэгуанэм иджыри зэ дыкъытеувыIэнщ. 1922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. Абы и цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат. 1937 гъэм щегъэжьауэ Адыгей автоном областыр Краснодар крайм хыхьэу щытащ. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, Адыгейр къэрал-лъэпкъ щIыналъэхэм ящыщу блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм ирихьэлIэу япэ дыдэу щIэныгъэншагъэр зыгъэкIуэдахэм язщ, колхозхэр къызэгъэпэщынымкIи япэ итащ. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм областым и цIыху мин 80 я хэкум и щхьэхуитыныгъэр яхъумэну фронтым Iухьащ. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ Адыгейм щыщу цIыху 52-м, абыхэм ящыщу 7-р адыгэт. 
Адыгэ хэгъэгум и гуащIэрыпсэухэм зэи я гъунэгъухэм зыкъыкIэрагъэхуакъым, сытым дежи зыужьыныгъэ гъуэгум тетт, зауэ нэужь лъэхъэнэми, экономикэмрэ щэнхабзэмрэ зэфIэгъэувэжыным, псэукIэр егъэфIэкIуэным жыджэру телэжьащ. Абы щыгъуэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ Адыгейм Лениным и орденыр (1957 гъэ), Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и орденыр (1972 гъэ) къыхуагъэфэщащ. 
1990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м Адыгей областым и Советым и цIыхубэ депутатхэм тхыдэ мыхьэнэ зиIа сессие ирагъэкIуэкIауэ щытащ, автоном областыр РСФСР-м хэгъэгу щхьэхуэу хэгъэхьэнымкIэ. Жэщ хъуху екIуэкIа зэIущIэм и кIэухым утыку кърахьауэ щытащ РСФСР-м Адыгей Автоном Советскэ Социалистическэ Республикэ зэриIэмкIэ. Абы папщIэ депутат 63-м арэзыуэ Iэ яIэтат, 43-р арэзытэкъым, 2-р гуитIщхьитIт. 
Адыгейр хэгъэгу щхьэхуэу Урысей Федерацэм хэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ РСФСР-м и цIыхубэ депутатхэм я II съездым. Ар 1990 гъэм екIуэкIащ икIи «РСФСР-м и къэрал суверенитетым и декларацэр» и тегъэщIапIэу РСФСР-м и Конституцэм и 71-нэ, 82-нэ, 84-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ. А зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, Урысейм и автономнэ областхэр крайхэм къыIахыжри, Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэ хъуащ. Ар конституцэкIэ щIагъэбыдащ 1990 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м. 
ИужькIэ, 1991 гъэм мэкъуауэгъуэм и 28-м, Адыгей ССР-м къэрал суверенитетым и Декларацэр къищтащ. Къэралым и Президент Ельцин Борис 1991 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м Iэ щIидзащ «Адыгей Автоном областыр РСФСР-м хэт Адыгей Совет Социалистическэ Республикэ зэращIам теухуауэ» РСФСР-м и Унафэм. Абы къыщыхьат щIэуэ зэрагъэпэща щIыналъэм Адыгейм ис лъэпкъ псоми хуитыныгъэ щаIэу, цIыхум и хуитыныгъэр хъумэныр япэ ирагъэщу зэрыщытынур. 
Абы къыкIэлъыкIуэу унафэ тращIыхьащ Урысейм и хэгъэгущIэм хабзэ къыдэзыгъэкI, гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэр иIэн зэрыхуейм. ИкIи РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэкIэ ар хуит ящIащ и щIыналъэм и тхыдэм щыяпэ Парламент къызэригъэпэщыну, депутати 100 хэту. 
Щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ, автономием къыкIэлъыкIуэу республикэ хъуа щIыналъэм адыгэ лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIам. Кавказ зауэжьым иужь, 1897 гъэм ирагъэкIуэкIауэ щыта къыхэтхыкIыныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, Кубань и Iэгъуэблагъэм иса ди лъэпкъэгъухэр абы щыпсэу цIыхухэм я проценти 2 къудей хъууэ арат. ЦIыху мини 192-рэ исти, абы щыщу мин 30-рат адыгэр. А бжыгъэм хэтт Щхьэщэхуж щыпсэухэри, хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэри. Иджыпсту республикэм адыгэ мин 27-рэ исщ. Автономием лъэпкъыр нэхъ зэщIикъуащ. Хьэхъурэт Щыхьынджэрий хэкум пашэ хуэхъуат абы щыгъуэм. Республикэр щIыналъэ щхьэхуиту зэфIэувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт экономикэмрэ щэнхабзэмрэ къэIэтыным. Арауэ жыпIэ хъунущ щIыналъэр зыгъэбыдар. 
Къэралыгъуэ зэрыхъуам и нэщэнэ ныпыр, гербыр, гимныр къащтащ. Зэманыр зэрыхьзэрийуэ, зэпэщIэувэныгъэхэр щыкуэду щытами, ди лъэпкъэгъухэм яхузэфIэкIащ я адыгэ лъэпкъым и ныпыр къэрал ныпу кърагъэщтэн. Абы папщIэ Адыгейм и лIыкIуэхэр Санкт-Петергбург щыIэ геральдикэ комиссэм ягъэкIуауэ щытащ. Лъэпкъ ныпым и теплъэри пхъуэж зэрымыхъунур щрагъэдащ абы. НэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIауэ республикэм щыпсэухэм я хуитыныгъэхэри хъума хъуным и нэщэнэу, Джарым Аслъэн къыхилъхьэри, ди лъэпкъ бэракъыр Адыгейм и къэрал IуэхущIапIэ псоми фIадзащ. Илъэси 160-рэ зи ныбжь лъэпкъ ныпыр нобэ къэрал мыхьэнэ зиIэ хъуащ. ИужькIэ зэныкъуэкъуи къиини къыхэмыкIыу гербымрэ гимнымрэ къащтащ. 
Республикэм зэманым декIуу зэрызиужьым я фIыгъэшхуэ хэлъщ илъэс зэхуэмыдэхэм абы и унафэщIу щытахэу Джарым Аслъэн (1992 - 2002), Щэумэн Хьэзрэт (2002 - 2007), ТхьэкIушынэ Аслъэнджэрий (2007 - 2017), 2017 гъэ лъандэрэ Iэтащхьэ къулыкъум пэрыт КъумпIыл Мурат сымэ. 
Урысейм къыщрахьэжьэ Iуэхухэр нобэ республикэм жану щызэфIах, бгъэдэлъ беягъхэмкIэ къэралым щынэхъ лъэрызехьэхэм ящыщщ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат и нэIэ тетщ экономикэм зегъэужьыным, цIыхухэр зыгъэпIейтейхэр зэфIэхыным, абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуным теухуауэ щыIэ Iэмал псори къэгъэсэбэпыным. А псори цIыхубэм зыхащIыкIыу, зэгурыIуэу-зэдэIуэжу, ефIакIуэ зэпыту мэпсэу илъэси 100-м нэблагъэ гъуэгуанэ зи щIыбагъ къыдэлъ республикэр. 
ПсэукIэм ехьэлIа Iуэхур псом япэ ирегъэщ УнафэщIым, сыт хуэдэ Iэмал щыIэми къегъэсэбэп, нэхъыщхьэращи, цIыхухэм я гуныкъуэгъуэхэр елъагъу, жаIэхэр зэхех, къыхуатххэм йоджэри ар и лэжьыгъэм щыщ мэхъу. Министерствэхэм къалэн щхьэхуэу яхуегъэув федеральнэ къулыкъущIапIэхэм жыджэру дэлэжьэнхэу, сэбэпынагъ куэд къахуэзыхь лъэпкъ проектхэр, къэрал, республикэ программэхэр и чэзум зыхуей хуэзэу гъэзэщIа хъуным быдэу кIэлъоплъ. 
Адыгейм и псэукIэр зэрефIакIуэм, зэрызиужьым абы щыпсэухэм хьэщIэу еблагъэхэми гу лъатэ. Я гъуэгухэр, жылагъуэ щIыпIэхэр дахэу зэрагъэпэщ, спортым, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным ехьэлIа IуэхущIапIэхэр къызэIуах, цIыхухэм я нэгу зыщрагъэужьыну щIыпIэхэр и куэдщ, сыт хуэдэ Iуэхутхьэбзэри Мейкъуапэ щыбгъуэтынущ, щIыналъэхэмрэ жылэхэмри еджапIэхэр, гъэсапIэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр къыщызэIуах. А псор и щыхьэтщ Урысейм и Ипщэ щIыналъэм хиубыдэ хэгъэгухэм ящыщу зыужьыныгъэмкIэ Адыгейр япэ зэритым. 
ИджыкIэ АР-р дуней псом къыщацIыху лъахэ дахэщ. Абы и щIыуэпсыр, бгылъэ щIыпIэхэр, псыкъелъэхэмрэ ежэххэмрэ зэ зылъэгъуауэ димыхьэха щыIэу къыщIэкIынкъым. Адыгэ къафэмрэ макъамэмрэ, утыку ит къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж «Налмэсымрэ», «Ислъэмеймрэ», IэпэIэсэу, зэчиифIэу, щIэныгъэлIу, тхакIуэу, сурэтыщIу ис цIыху цIэрыIуэхэр уи нэгу къыщыщIыхьэкIэ узэрыадыгэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. 
 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ