ЕхъулIэныгъэм и илъэсхэр

Жэпуэгъуэм и 5-м Адыгейм щаIэт респуб-ликэр къызэрыунэхурэ илъэс 32-рэ зэрырикъур. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек а махуэ лъапIэмкIэ ехъуэхъуащ Адыгейм и УнафэщI КъумпIыл Муратрэ республикэм и цIыхубэмрэ. 

   - Мыхьэнэшхуэ зиIэ, къэралым щагъэлъапIэ мы махуэшхуэм IупщIу къегъэлъагъуэ Адыгейм автоном республикэ зэращI лъандэрэ къикIуа гъуэгуанэр, нэмыцэ-зэрыпхъуакIуэхэм ятекIуэу лъэпкъ хозяйствэм зыкъиужьыжын щыщIидзам щегъэжьауэ, нобэр къыздэсым хузэфIэкIар. Иджырей Адыгейр Урысейм нэхъ дахэу ит щIыналъэхэм язщ, жыджэру зиужьу, проектышхуэхэр щагъэзащIэу, зы илъэсым нэхърэ адрейм нэхъ ефIакIуэрэ и цIыхубэ гумащIэмрэ хьэщIэ егъэблэгъэкIэмкIэ цIэрыIуэу. Сыт нэхъри нэхъ лъапIэщ Адыгейм и цIыху зэчиифIэхэмрэ лэжьэкIэ зыщIэхэмрэ. Ахэращ зи IэрыкIыр нобэ Адыгейр щIэгушхуэ псори. Мы щIыналъэм наб-дзэгубдзаплъэу щахъумэ щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэ дахэхэри, унагъуэм щызэрахьэхэри, ныбжьышхуэ зиIэ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэри, щIыуэпс телъыджэри. 
  Адыгэ Республикэм и зауэлIхэм Урысейм щыщ адрей щIыналъэхэм дзэм къулыкъу щызыхь я щIалэхэм ябгъурыту, хахуэу яхъумэ лъэпкъыбэу зэхэт ди Хэкум и щIыналъэр. Къуэш республикэм и цIыхубэм гурэ псэкIэ сохъуэхъу мы махуэшхуэм фIыгъуэ, ехъулIэныгъэ, ефIэкIуэныгъэ, зыужьыныгъэ къахудэкIуэну, - дыкъыщоджэ хъуэхъум. 

Поделиться: