Бунин Иванрэ ЛIыкIуэ лъапIэмрэ

 ЛIыкIуэ лъапIэм и щхьэгъусэ Сафия и лъэпкъкIэ журту щытащ. Журтхэмрэ муслъымэнхэмрэ щызэзэуа Хъэйбар зэпэщIэтыныгъэм гъэру щаубыда цIыхубзхэм яхэту, ЛIыкIуэ лъапIэм и пащхьэ ирашат ар. 
 Хъыджэбз лъагъугъуафIэу щыта Сафия и нэкIум дыркъуэ телът. «Дэнэ мыр къыздикIар?» - еупщIащ хъыджэбзым ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатрэ сэламрэ зэхар. КъызэрыщIэкIымкIэ, и лIыр къеуауэ арат. И куэщIым мазэр къихуауэ пщIыхьэпIэ илъэгъуат Сафия. Зыхуихьынур имыщIэу, ар и щхьэгъусэм щыжриIэжым, модрейр зыкъишэщIри къеуащ: «Уэ муслъымэнхэм я ЛIыкIуэ Мухьэмэдым удэкIуэну уехъуапсэу аращ!» - жиIэри. Зэрыхъуари аращ. Сафия муслъымэн диным къихьэри, ЛIыкIуэ лъапIэм щхьэгъусэ хуэхъуауэ щытащ. И щхьэгъусэу щытар Хъэйбар зауэм хэкIуэдат. 
 Хамэ лъэпкъым зэрыщыщым ищIыIужкIэ, муслъымэнхэм къеныкъуэкъу журтхэм зэращыщымкIэ адрей цIыхубзхэм ираудых щыхъум, хъыджэбзыр Мухьэмэд Бегъымбарым хуэтхьэусыхащ. ЛIыкIуэ лъапIэми, зэрихабзэу, жэуапым я нэхъ дахэр къигъуэтащ, зыри къыпамыдзыжыфын хуэдэу. А хъыбарырщ зытеухар урыс усакIуэ Бунин Иван «Мухьэмэдрэ Сафиярэ» зыфIища усэр. «Ибрэхьим – си адэщ», - жиIэм къригъэкIыр хьэрыпхэри журтхэри Ибрэхьим-бегъымбарым къызэрытепщIыкIарщ. Мусэ лъапIэр - журтхэм я бегъымбарщ. Нэхъыщхьэращи, хъыджэбзыр Мухьэмэд Бегъымбарым щхьэгъусэ зэрыхуэхъуам ар нэхъ лъапIэж зэрищIарщ. Апхуэдэу дахэу цIыхубз зэныкъуэкъум кIэ иритауэ щытащ Алыхьталэм и нэфIыр зыщыхуам. 
 
БУНИН Иван
 Мухьэмэдрэ Сафиярэ
Сафия къоушри, и щхьэц фIыцIэ кIыхьым
Нэпсыр хеухуанэ: 
«Журтыжь цIыкIу» къызжаIэ, Мухьэмэд, сыт сщIэнур?» -
И лIым хуогъынанэ. 
Щабэу пыгуфIыкIыу къопсэлъэж и псэгъур:
«ЯжепIэн уи куэдщ: 
Ибрэхьим – си адэщ, 
си адэ къуэшыр – Мусэщ, 
си лIыр - Мухьэмэдщ».
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: