Налшык къалэм щIэпхъаджащIэхэр къызэрытеуэрэ илъэс 18 дэкIыжащ. Мамыру зи гъащIэр езыхьэкI ди щыхьэрым и псэхугъуэр къызэпаудат. Хабзэхъумэ IэнатIэхэм теуахэм Iэщэр зыIэрагъэхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым бжьыпэр щаубыдын мурадышхуэр яIэт. АрщхьэкIэ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр къикIуэтакъым икIи лIыгъэ яхэлъу бзаджащIэхэм япэщIэуващ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-р ди щIыналъэм дежкIэ махуэ хьэлъэщ, а зэпэщIэувэныгъэм я къалэн ягъэзащIэу зи щхьэ хэзылъхьахэр ягу къагъэкIыж.
Дыгъуасэ, Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я фэеплъ махуэм, Налшык къалэм Полицэм и скверым деж пэкIу щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правитеьствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, республикэм и министрхэр, полицэм, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, республикэм и щIалэгъуалэр, нэгъуэщIхэри. Къызэхуэсахэм зэха-хыу, абдеж къыщраIуащ жэпуэгъуэм и 13-м хэкIуэда лIыхъужьхэм я цIэ-унэцIэхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и министр Къуэшырокъуэ Залым къыщыпсалъэм жиIащ илъэс къэс жэпуэгъуэм и 13-м ягу къызэрагъэкIыжыр я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда лэжьакIуэхэр.
- Республикэм зэрыхьзэрий къыщагъэхъуну мурад бзаджэ зиIахэр къагъэувыIэным хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэу 35-м я псэр щIатащ. Апхуэдэуи абы зыри зимылажьэ цIыху 14 хэкIуэдат, щэ бжыгъэм щIигъум фэбжь ягъуэтат, - жиIащ къэпсэлъам. - УФ-м и Президент Путин Владимир абы щыгъуэм къыхигъэщауэ щытащ ди хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэр псынщIэу, зэпэщу Iуэхум зэрыбгъэдыхьар. Ди лIыхъужьхэм я фIыгъэкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым гъащIэ мамырыр щызэтедухуэжыфащ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, щIэпхъаджагъэхэр ялэжьыныр ди зэманми зэпагъэуркъым. Ар долъагъу нобэ Урысейм къытезэрыгуэну хьэзырхэм я мурадхэмкIэ - зауэ къагъэхъеин папщIэ, мафIэр къызэщIагъаплъэ зэпытщ. Нобэ республикэ унафэщIхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ зэгъусэу дыхущIокъу икIи Iэмал псори къыдогъэсэбэп щIэпхъаджагъэм дыпэщIэтыным хуэгъэзауэ. Жэпуэгъуэм и 13-м хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэм нобэ яжетIэну дыхуейт я щIалэхэм я лIыгъэр зэрытщымыгъупщар икIи сыт щыгъуи ахэр щIэблэм щапхъэу къахуэтхьу дызэрыпсэунур.
Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Роман къыщыпсалъэм къыхигъэщащ республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм пэрытхэр махуитIкIэ лIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу, къэмыланджэжу щIэпхъаджа- щIэхэм япэщIэтауэ зэрыщытар.
- Нобэ щыгъуэ махуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми ягу къыщагъэкIыж 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуа гуауэр. ЩIэпхъаджащIэхэм я мурадащ къулыкъущIапIэхэмрэ дзэ IуэхущIапIэхэмрэ, транспорт IэнатIэр, нэгъуэщIхэри яубыдыну. КъыкIэлъыкIуэ махуэращ абыхэм я мурадыр къыщызэпаудар - щIэпхъаджащIэ 95-рэ яукIащ, - жиIащ Литвиновым. - Ди хабзэхъумэхэм я щхьэ Iуэхум нэхъапэ я къалэныр и пэ ирагъэщащ. Нобэ, илъэс 18 дэкIа нэужь, абыхэм я щапхъэм тету, ди щIалэхэм я Хэкур яхъумэу Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэхум хэтщ. Мурадыр зыщ - щIэпхъаджагъэхэм зрамыгъэубгъунырщ. УФ-м и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI жэпуэгъуэм и 13-м ди щIыналъэм къыщыхъуауэ щыта гузэвэгъуэм хуэдэ афэкIа зэи щымыIэным хуэунэтIауэ. Ди щIалэгъуалэм я гъуазэу щытыпхъэр унагъуэ лъапIэныгъэхэрщ, ахэр дгъэсэн хуейщ хэкупсэу, щIыналъэм гу къабзэкIэ хуэлажьэу. Дызэкъуэувэмэщ мы зэманым и гъэунэхуныгъэхэм дыщыпэлъэщынур.
ПэкIум псалъэ щратащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэт Бетуганов Исмэхьил. Абы жиIащ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я лIыхъужьыгъэр щIалэгъуалэм зэрызыщамыгъэгъупщэнур, ахэр я щапхъэу зэрыщытынур. «Абыхэм я лIыгъэращ нобэ ди гъащIэр мамыру щIекIуэкIыр. «ЦIыхугъэ», «хахуагъэ», «пщIэ» псалъэхэм я мыхьэнэр нэхъ щызыхэпщIэр абыхэм яхузэфIэкIам ущегупсыскIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр дропагэ ди зауэлIхэм я лIыгъэм. Ди фIэщ мэхъу, Урысейм и Президентым иубзыхуа лъагъуэм дытету дыкIуэмэ, щIэпхъаджащIэхэр ди къэралым гъунэгъу къызэрыхуэмыхъунур», - жиIащ абы.
КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и ветеранхэм я советым и унафэщI, милицэм и полковник Пыхъ МуIэед жиIащ терроризмэм пэщIэтыным хуэгъэза сыт хуэдэ Iуэхуми ветеранхэм я гуащIэ халъхьэну зэрыхьэзырыр. Абы КъБР-м и МВД-м, зи унафэщI зэгухьэныгъэм къабгъэдэкIыу, хабзэхъумэ IэнатIэхэм пэрытхэм фIыщIэ яхуищIащ щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхум папщIэ.
ПэкIум къыщыпсэлъащ КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, Налшык къалэмрэ абы къедза жылагъуэхэмрэ щыIэ чристэн члисэхэм я дин гъуазэ Бобылёв Валентин сымэ.
Къызэхуэсахэр жэпуэгъуэм и 13-м хэкIуэда лIыхъужьхэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ, абыхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.