Джэдгъэф Къантемыр къахожаныкI

БэнэкIэ хуит

Ставрополь къалэм иджыблагъэ щызэхэтащ щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха. «Зэныбжьэгъугъэ» фIэщыгъэр зезыхьа а спорт зэхуэсым кърихьэлIащ 2007 - 2008 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэхэр.

Ди гуапэ зэрыхъущи, зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ икIи япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа бэнакIуэ, Алътуд къуажэм щыщ Джэдгъэф Къантемыр.

ЩIалэм и гъэсакIуэхэр Хьэмыкъуэ Анзоррэ Ут Русланрэщ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: