Адыгэм къыхэкIа мысыр усакIуэ цIэрыIуэ

Адыгэхэм къахэкIа мысыр усакIуэ цIэрыIуэ, XIX-XX лIэщIыгъуэхэм псэуа Щэукъуий Ахьмэд къызэралъхурэ жэпуэгъуэм и 16-м илъэси 155-рэ ирикъуащ.

Мысыр усыгъэм и лъагапIэщ икIи и дахапIэщ Щэукъуийм и Iэдакъэ къыщIэкIахэр. И усэхэм я лъабжьэщ жылагъуэ гъащIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр, цIыхухэр зыщIэхъуэпсхэр, я ехъулIэныгъэхэр, я гурыгъу-гурыщIэхэр.

Хьэрып поэзиер зыгъэбея усакIуэр 1868 гъэм Каир щыпсэу адыгэ унагъуэм къыщалъхуащ. Ахьмэд и адэшхуэр Кавказым икIри Мысырым Iэпхъуат Мухьэмэд Алий щытепщэ лъэхъэнэм. Аббас Езанэм и зэманым таможнэу Мысырым иIам и унафэщI къулыкъур абы къыхуагъэфэщащ.

ИлъэсиплIым иту Ахьмэд пэщIэдзэ еджапIэм щIагъэтIысхьэ, и ныбжьыр илъэс пщыкIутхум нэсауэ курыт еджапIэр къеух.

«Си къуэм юристу къулыкъу ищIащэрэт», - жызыIэ и адэм йодаIуэри, ар щIотIысхьэ Мадрасат-аль-хукъукъым - хабзэм хуэлэжьэнухэм я лицейм. Щэукъуийм студенту усэ итхын щIедзэ, яфIэмыIейуэ абы и IэдакъэщIэкIхэр газетхэм традзэ.

Тауфикъ хедивым и мылъкукIэ и щIэныгъэм хигъэхъуэну I887 гъэм ар Франджым ягъакIуэ. УсакIуэ ныбжьыщIэм хабзэхэр щедж Марсель, Монпелье, Париж къалэхэм, нэIуасэ захуещI франджы литературэмрэ театрымрэ, музейхэр зрегъэлъагъу, Инджылызым макIуэ. Адыгэ мамлюкхэм я псэукIам теухуауэ Париж абы щетх «Алий-бек ЦIыхушхуэр» драмэр. Франджы гъащIэм теухуауэ усэ Iэрамэрэ шыпсэхэмрэ мыбы къыщыдегъэкI.

ИужькIэ абы куэдрэ къыхуихуащ Европэм кIуэну. Мысырым и щIэныгъэлIхэм я лIыкIуэу КъуэкIыпIэ къэралхэр зыджхэм я дунейпсо конгрессхэм Щэукъуийр тIэунейрэ хэтащ - зэм Женевэ щыщекIуэкIам (I892 гъэм), етIуанэм - Афинхэм щызэхэтам (1912гъэм).

1892 гъэм тахътэм тетIысхьащ Аббас ЕтIуанэ Хьилмийр. Абы Щэукъуийр зрешалIэри, пщIантIэдэт усакIуэ ещI. «Хьэрып литературэщIэм и тхыдэ» зыфIища и лэжьыгъэм академик А. Е. Крымскэм къыщыхегъэщ а гъэхэм Щэукъуий муслъымэн диныр гъэлъэпIэным куэду зэрытетхыхьыр. ЕпщыкIубгъуанэ, етIощIанэ лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм псэуа адыгэ щIалэм и усыгъэ лIэужьыгъуэхэр одэрэ элегиерэт.Зым зэфIэкI зиIэ цIыхушхуэхэм щытхъу щахуигъэшырт, адрейм, зэрыхабзэти, нэщхъеягъуэхэр гущIыхьэу къыщигъэлъагъуэрт. Абы и диван «Аш-шэкъийятыр» 1898 гъэм Каир къыщыдэкIащ. А тхылъым ихуат 1888 - 1889 гъэхэм итхахэр. И пэщIэдзэ псалъэм усакIуэр щытепсэлъыхьырт поэзиер къызэрыщыхъум, и гъащIэр къызэрекIуэкIари къыщиIуэтэжырт.

1890 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ Щэукъуий и къалэмым къыщIокI хьэрып пасэрей гъащIэм теухуа сюжетхэмкIэ итхыжа повестхэмрэ хъыбархэмрэ. Гу лъыботэ «Жэщ минрэ зым» ижь абыхэм къазэрыщIихуам.

И лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр къызыщыгъэлъэгъуа, гупсысэ куухэр къыщиIуатэ и усэхэм ящыщу тхылъеджэхэр нэхъ егъэпIейтей «Данышуай теухуа гукъэкIыжхэр» тхыгъэм. Абы усакIуэм гуузу къыщеIуэтэж I906 гъэм инджылыз зэрыпхъуакIуэхэм Данышуай жылэ цIыкIур Iисраф зэращIар. Империализмэм и бийуэ гъэпсащ «Мустэфа Камал», «Нил», «Кромер деж», «Хэкур сфIэгуэныхьу» усэхэр.

1941 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м Британием хъыбар игъэIуащ Мысырыр и унафэм зэрыщIэувэмкIэ. Инджылызым и бий тхыгъэхэр зэрытригъэдзам къыхэкIыу Щэукъуий Ахьмэд къэралым ирагъэкIащ. ИлъэсихкIэ ар ирагъэхьэжакъым. Андалузиер зи хэщIапIэ усакIуэр Iэджэуи хуэзэшырт фIыуэ илъагъу и лъахэм. Ар къыщеIуатэ а лъэхъэнэм итха усэ куэдым.

Мысырым къигъэзэжа нэужь, Щэукъуий тепщэгъуэр зыIэщIэлъхэм запищIэжакъым. УсакIуэр Iущ хъуат. Абы и нэгу щIэкIырт цIыхубэм и дуней еплъыкIэм икъукIэ зэрызихъуэжам, лъэпкъыр щхьэхуит щIыжыныр псоми я гухэлъу бэнэныгъэм зэрызыхуагъэхьэзырыр.

Щэукъуийм и пщIэм зиIэтырт, усакIуэшхуэу и хъыбарыр щIыпIэ жыжьэхэм щыIуат. Каир и «Пащтыхь оперэм» 1927 гъэм абы и щIыхькIэ къыщызэIуаха гуфIэгъуэ зэIущIэм КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и къэрал псоми и лIыкIуэхэм зэдэарэзыуэ ар щыхахащ «Хьэрып усакIухэм я эмиру».

Дунейм ехыжыным илъэс зыбжанэ нэхъ къэмынэжауэ Щэукъуий Ахьмэд драматургием зрет. Хьэрып, мысыр пасэрей гъащIэм къыхихауэ абы итхащ пьесэ зыбжанэ («Клеопатрэ», «Камбиз», «Меджнун», «Андалузием и тепщэ гуащэ»). Пэжщ, псэуху аббы усэ тхыни щигъэтакъым. 1932 гъэм фокIадэм къызэIуаха «Аполлон» литературэ хасэм ар и тхьэмадэу хах. УсакIуэ куэд зэзышэлIа а хасэр сэбэпышхуэ хъуащ хьэрып поэзием зиужьынымкIэ. Ауэ а IэнатIэм ар куэдрэ пэрытакъым - 1932 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м дунейм ехыжащ «хьэрып усакIуэхэм я эмирыр».

И псэр пытыху Щэукъуийм къалэмыр игъэтIылъакъым. УсакIуэшхуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ телъыджэхэр уахътыншэщ. ЗэфIэкI ин зыбгъэдэлъа а усакIуэм и гъащIэмрэ и псэукIамрэ хъыбар Iэджэ теIукIащ. Ар хуабжьу гурыхуэу, зэ зэхихар, зэджар щымыгъупщэжу игу ириубыдэфу, гумызагъэу, зыри япэ иримыгъэщын и гугъэу щытащ. Арагъэнщ абы щIыхузэфIэкIар мы дунейр къызэрыхъурэ сыт хуэдэ зэманми, сыт хуэдэ лъэпкъми къыщыунэхуа усакIуэшхуэхэм я нэхъ ин дыдэхэм ящыщ хъуну. Абы и щхьэм усэрэ уэрэду Iэджэ щихъумэрт. Ар щыпсэуа лъэхъэнэм и цIыхут, и усакIуэт. ГъащIэм и къэхъукъащIэхэр фIыуэ зыхищIэрт. УсакIуэр и лъэпкъым, хэкум, цIыхубэм яхуэлэжьэныр къалэн зыщищIыжауэ, и къалэмым тхыгъэ щэджащэхэр къыщIэкIащ.

Дунейм ехыжыным мазэ зыбжанэ нэхъ имыIэжу Ахьмэд и «лъым и джэ макъ» зыхех, икIи къызыхэкIа и адыгэ лъэпкъым хуэфэщэн гуэркIэ етэну лэжьыгъэм зрет. НэхъапэIуэкIэ итха «Алий-бек ЦIыхушхуэр е Мамлюкхэм я къэралыгъуэр» пьесэр, щищIалэгъуэм къемыхъулIауэ илъытэр, щIэрыщIэу иузэщIыжыну йотIысылIэ. ПIэхэнэу зэрыщытым хуэдэу усакIуэ сымаджэр илъэс ныкъуэкIэ псэхугъуэ имыIэу лэжьащ, и тхыкIэкIи и щIыкIэкIи пьесэр зэрихъуэкIыжу, иригъэфIакIуэу.

Щэукъуийм наIуэ ищIащ къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэми и псэукIами фIыуэ щыгъуазэ цIыхуу зэрыщытар. Абы адыгэхэм я шыфэлIыфэр IупщIу дегъэлъагъу, лъэпкъым и хьэл-щэныр, и псэукIамрэ и зэхэтыкIамрэ ди нэгу щIегъэкI. Апхуэдэуи тхакIуэшхуэм ибзыщIакъым мамлюк къэралыгъуэми лей щызекIуэу, гъэпцIагъэ щызэрахьэу зы зэман къызэрекIуэкIар.

Хьэрып поэзием и дахапIэр къэзыгъэшIа усакIуэшхуэм мы тхыгъэр и ехъулIэныгъэшхуэу къабжащ ар фIыуэ зылъагъухэм. Абы и драмэхэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIи мыхьэнэшхуэ яIэщ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ цIыхур зэрыщытын хуейр, абы и хьэл-щэн нэхъыфIхэр - акъылыфIагъэр, пагагъэр, лIыхъужьыгъэр, хэкур фIыуэ лъагъун зэрыхуейр, хуитыныгъэр хъумэным, пщылIыпIэр гъэкIуэдыным яIэ мыхьэнэр, нэгъуэщIхэри.

МыкIуэдыжын образхэр, усыгъэ хьэлэмэтыщэхэр зи къалэмым къыщIэкIа тхакIуэр дуней псом къыщацIыху. Хьэрып поэзиер къэзыгъэщIэрэщIэжахэм ящыщ зы, усакIуэ Iэджэм щапхъэ яхуэхъуа, ноби куэдыр зыдэплъей усакIуэшхуэщ Щэукъуийр. Абы и усыгъэхэр мыкIуэдыж фIыгъуэу игъащIэкIэ яIэнущ Мысырым ис цIыхухэм. Захъуэжынщ зэманми дунейми, къызэкIэлъыкIуэнщ щIэблэщIэхэр, ауэ зы зэмани къэхъункъым поэзие нэсым, Щэукъуий Ахьмэд къыбгъэдэкIам, и хэкуэгъухэр димыхьэхыжу, и хэкуэгъухэм ар яфIэмыIэфIу.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.

Щэукъуий Ахьмэд и усэхэр

Нил

ГугъапIэу диIэщ, ди гуапэщ гум ехуэбэкI псыIагъэр.

Жэнэт щIыналъэщ, и Iуфэр зэщIэгъэгъащ щхъуантIагъэу.

ЩIэращIэщ пщащэ щIыкIафIэу, зауэлI къудану зэкIужщ.

Дыгъэ нэбзийхэр псы щхьэфэм щоджэгури псым хоткIухьыж.

 

Тенджыз губжьауэ гъатхэпэм къиунщи, уэру ехынщ.

Гъэр икIыхун зыхуежэхыр, щIэлажьэр цIыхум я шхынщ.

Бжьэхуцыр къыдегъэбэкIыр, ди губгъуэм и гуэдз щхьэмыжщ.

ГуфIэгъуэм и къигъэхъуапIэу, гугъапIэр къезыгъэблэжщ.

 

ГуапагъкIэ цIыхум етэныр и ткIуэпсхэм я гъащIэ уазщ.

ЩIыгулъым псэ хэлъхьэжыныр а псышхуэм хуиуха фарзщ.

Къулей-къулейсыз имыIэу гъавэр яхуегъэщхьэлъэ,

Iупхыжмэ, тесэ аргуэру, къыхыумыгъэкIыу пIалъэ!

 

Уеплъамэ, и пIэм имыкIыу къыпщыхъуми, и гъуэгу мыухщ.

Псы щIэншэм щыму, мыпIащIэу ди гъащIэр къытхурехьэх.

Ауэ зэ-зэм къэгубжьмэ, аслъэным и пщэц тэджауэ,

Псыпыхуу къызэрохьэжьэри, и нэпкъхэм къоуэ пэбжьауэу.

 

ГугъапIэу диIэщ, ди гуапэщ гум ехуэбэкI псыIагъэр.

Хуэкъамылыфэ и Iуфэр зэщIолыдыкI накъыгъэу.

Си фIэщ пхуэщIынкъым щыIэу езы жэнэтми, уеблэм,

ДахагъкIэ, берычэтагъкIэ зы псы пэхъуну Нилым!

 

КъыщIыхьэр уэрщ си нэгу

Сыхуейми усщыгъупщэжыну,

Сигу усхуигъэкIкъым, сщIэнур сыт?

Сыхуейми узгъэкъуэншэжыну,

Уи телъхьэщ си псэр - сэ сысыт?

 

СыхущIэкъухукIэ узбгынэну,

Себгынэр жейми, сохьыр гугъу.

Си пщIыхьым слъэкIкъым ухэсхыну -

ПщIыхьэпIэ къэс узиIэпэгъущ.

 

Псэ езэшар къыдэгъэгъэжу

Дахагъэ гуэр къэкIыжмэ сигу,

Сигу уизгъэхуныр щхьэгъэпцIэжщи,

КъыщIыхьэр япэу уэрщ си нэгу.

 

Си нэпс къыщIехур лъагъуныгъэм,

АрщхьэкIэ сытхэр си Iэмал?!

Сэбэп къысхуэхъукъым нэпс шыугъэр, -

Си дежкIэ уи гур щIыIэмылщ.

 

УкъепэгэкIми ауаныщIу

ЛъэгущIыхьу си щхьэ згъэтIылъам,

Сэ схулъэкIынукъым нэгъуэщIу, -

Пэлъэщкъым зыри сигу къэплъам.

 

ГубампIэдэхыу къанэр фадэрщ.

КъелыпIэ фадэри мыхъуам,

Изохыр пу нэлат ар фалъэм

КъыщыпкIыу къысхуизыгъэхъуам!

 

Сиплъакъым фадэ гуащIэм и щIэм.

Къысщыхуэ фадэу хъуам я ней!

Къихьащи гъатхэр си псэ лъащIэм,

Щогъагъэ си гум сэтэнейр!

Поделиться:

Читать также: