Адыгэр зэрыгушхуэ усакIуэ

Журналист, тхакIуэ, усакIуэ Къантемыр Тыркубий Хьэбэз районым щыщ Куэшхьэблэ къуажэм къыщыхъуащ. ЗанщIэу къыхэгъэщыпхъэщ, Тыркубий хуэдэу зи къуажэр фIыуэ зылъагъур зырызщ. Зыхуэфащэу къилъытэу абы я жылэжьым цIыху къыдинакъым темытхыхьауэ, езы къуажэм хуиуса уэрэдыр мыпхуэдэу иухыжащ:

Си гъащIэм ущыщщи,

IэщIыб узмыщIын,

Сэ гуащIэу схэлъ псори

Уэ тыгъэ пхуэсщIынщ.

Къуажэ еджапIэ нэужьым, Тыркубий къиухащ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал пединститутыр. ЗанщIэуи, 1965 гъэм, «Ленин нур» газетым щылэжьэн щIидзащ. Абы нэгъуэщI зэхъуэкIыныгъи къыкIэлъыкIуакъым. Щытхъу пылъу газетым щылажьэурэ, и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ. А илъэсхэм Къантемырым хузэфIэкIа, зэфIихыфа Iуэхухэр мащIэкъым. Зи адыгагъэмрэ зи цIыхугъэмрэ гунэс Тыркубий и ныбжьыр илъэс 70 щрикъум мыпхуэдэ усэ сатырхэмкIэ зыхуигъэзат  Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ усакIуэ Хьэнфэн Алим:

ШынэхъыщIэу

Ди Тыркубий,

Тхьэм уи гъащIэр

Иукъуэдий!

Илъэс 70-р

ЩитI ирехъу

– Нур къапихыу,

ПхужаIэу хъуэхъу!

 Газетым и редакцэм щиIэ ехъулIэныгъэфIхэр къалъытэри, Къантемырым куэд дэмыкIыу пщэрылъ щащI письмохэмкIэ отделым и унафэщIу щытыну. ИужькIэ абы хуагъэфащэ щэнхабзэмкIэ отделым и редакторыныр. А Iуэхушхуэри зэрыхуэфащэкIэ игъэкIуатэурэ, журналист гуащIафIэр жэуап зыхь секретару ягъэув икIи илъэс бжыгъэфIкIэ а къалэныр гъэщыпкъэным яужь итщ.

Тыркубий и щэныр, цIыху щIыкIэр аращи, ар сыт щыгъуи хущIокъу япэкIэ плъэным, япэкIэ кIуэтэным. Ар къалъытэри, абы къыхуагъэфащэ редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ къалэныр. А пщэрылъри илъэс зыхыблкIэ ирихьэкIащ и къару емыблэжу. «Ленин нур» газетым къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 60 зэрырикъуар щагъэлъэпIам, абы щылажьэхэм я фIыщIагъэри къаIэтащ, пщIэи хуащIащ. Абдеж Тыркубии къратащ «Печатым и отличник» бгъэхэIур, «КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэри къыфIащащ, 2006 гъэм Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ящIащ.

Хабзэ хьэлэмэт зэрытхуэхъуащи, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я журналистхэм яку дэлъ хъуащ къуэшыгъэ зэпыщIэныгъэфIхэр. А республикэхэм я деж ди журналистхэри цIэрыIуэ щыхъуащ. Къапщтэмэ, «Адыгей Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр КъШР-м щыщу япэ дыдэ зыфIащар Къантемыр Тыркубийщ. 1970 гъэм къыщыщIэдзауэ Тыркубий хэтщ Урысей Федерацэм и Журналистхэм я союзым, 1999 гъэм ар хагъэхьащ УФ-м и ТхакIуэхэм я союзми. Апхуэдэ щIыхьхэр ауэ сытми къыхуагъэфэщакъым абы. Газетым и редакцэм илъэс куэд щIауэ щылажьэ Къантемырыр гъащIэм гъэщIэгъуэну, дахагъэу хэлъхэм къыщымынэу, абы дызыгъэгузавэу хэтлъагъуэ мыхъумыщIагъэхэми фIыуэ щыгъуазэщ. Ар тхакIуэм къыхуэмыщхьэпэу къанэркъым. Зыпэрыува пщэрылъ мытыншхэр зэригуэщIыфым и щыхьэтщ Тыркубий и къалэмыпэм къыщIэкI художественнэ тхыгъэ хъарзынэхэр. Ахэм тхакIуэм «ящетIэгъэф» литературэм и жанр зэхуэмыдэхэм къайзэгъ фащэ екIухэр. «Абыхэм я гъащIэр» жыхуиIэ и тхылъым журналист набдзэгубдзаплъэм щигъэлъэпIащ, щигъэбжьыфIащ республикэм щыпсэу лэжьакIуэфI куэдым я IуэхущIафэ дахэхэр.

Щытхъу зыхуэфащэщ Къантемыр Тыркубий «ЦIыкIухэм жаIэ…» зыфIища тхылъым ит гушыIэхэр. Ди сабийхэм Iущыгъэ яхэлъу, гъэщIэгъуэну къапсэлъхэр зэхуэпхьэсын, птхыжын папщIэ абыхэм я бзэри езыхэри уи гум нэсу упсэун хуейщ. Дыкъоджэ ахэм, дыкъеджэху къэси ди гур къогуфIыкI. ИщхьэIуэкIэ къыхэдгъэщащ Тыркубий литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэр зэригъэIурыщIэфыр. А жанрхэм ящыщ зыщ гушыIэхэмрэ ауанхэмрэ иту къыдигъэкIа «Кулизар «мэIэзэр» тхылъыр. Зэшыр тщхьэщызыхущ «СыгушыIэуи си фIэщуи» зыфIища гушыIэ тхылъри.

ГъащIэм фIыуэ щыгъуазэ, гъэщIэгъуэнри мыгъэщIэгъуэнри тэмэму зэхэзыгъэкIыф, къэзыгъэлъэгъуэф тхакIуэращ жанр зыбжанэ и творчествэм къыщызыгъэIэрыхуэфыр. Ди гуапэщ икIи дрогушхуэ Къантемыр Тыркубий апхуэдэ тхакIуэу зэрыщытым. Къуэш республикэхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм традзэ зэпытщ Тыркубий и тхыгъэхэр, ахэр ихуащ щIэблэр зэрырагъаджэ тхылъхэми. Тыркубий фIыуэ къехъулIэ жанрхэм ящыщщ уэрэдхэри. Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Къэбэрдейм я композиторхэм уэрэд цIэрыIуэ зыкъом ятхащ абы и псалъэхэр щIэлъу. Апхуэдэхэщ «Адыгэ хэку», «Си Куэшхьэблэ», «Уралейщ уэ псоми», «Адыгэ пщащэ», «АдыгэщI», нэгъуэщIхэри. Ахэр цIыхубэм яхэIуэри, езым яйм хуэдэ хъуащ. Абы и щыхьэтщ Тыркубий и уэрэдхэм пщIэшхуэ къызэрыхуащIар. Абыхэм папщIэ 2010 гъэм усакIуэм къыхуагъэфэщащ Дунейпсо Арт комитетым и Дыщэ микрофоныр.

Поделиться:

Читать также: