Мывэхэр щIэхьэлъэр

рассказ
 Нэгъабэ гъэмахуэм си ныбжьэгъухэр хы ФIыцIэ Iуфэм зыщагъэпсэхуну ежьэрт. СызэрыцIыкIурэ си нэ къикIырт хыр слъагъуну. МылъкукIэ дыхуэмыщIа сыту аратэкъым, атIэ къыстегужьеикIауэ самыгъакIуэу арат. Зыгуэр къыпщыщIмэ, псым уитхьэлэмэ, жаIэу, сызэрамыгъэкIуэн Iэмал къалъыхъуэ зэрысщIэжрэ. Сэри, сеныкъуэкъущ сеныкъуэкъури, мы гъэми си гугъэр хэсхыжат, ауэ сызэрылIэжыным хуэдэу сщIэрт, хы ФIыцIэм зэ мыхъуми зэ зэрызыщызгъэпскIынур. 
 - Сыт къыпхуэтхьын? – жи Марэ, автобусым щизгъэтIысхьэм.
 - ИIэ, иIэ, иджыпсту жыIэ, умыукIытэу, - мэгуфIэ ШэIимэти.
Зи насып! Сэ сыгуфIэну гукъыдэж сиIэкъым. Дэнэ къыздикIынури, а гукъыдэжыр езыр? Хьа!
 - Зыри къэвмыщэху, - жызоIэ сэ, - ди адэжьхэр щызекIуа хы Iуфэм Iулъа зы мывэ цIыкIу къысхуэфхьи, нэгъуэщI зыри сыхуейкъым.
 - Уа, уи акъылыр зэкIуэкIа?! – фIэгъэщIэгъуэнщ си псалъэхэр ШэIимэт.
 - Сэ пэжу жызоIэ. СыныволъэIу, зы мывэ закъуэ!
 - Ерэхъу! УиIэу бжы ар! – сыкъегъэгугъэ Марэ.
Унэм сокIуэжри, сурэткIэ фIэкI сымылъэгъуа хы Iуфэр си нэгум щIэту, си гупсысэхэри абы етауэ сотIысыж. Дауэ махуипщIкIэ сежьэну иджы?! Зыри сфIэIэфIыжтэкъым. Унагъуэм щIэсхэм я жагъуэ сымыщIын папщIэ тIэкIу садогуфIэ, садогушыIэри, си пэшым сыщызогъэпщкIуж. 
 Си ныбжьэгъухэм я къэсыжыгъуэм ирихьэлIэу, зыгуэр къыстебжа нэхъей, сымаджэ хьэлъэ сыкъохъу. МафIэм сисрэ си щхьэр схуэмыгъэхъейуэ, пэ кудамрэ тэмакъ узымрэ пIэм сыхагуэ гъэмахуэкум. Марэ къызэрысыжу, къопсалъэ телефонкIэ:
 - Сэ зы хьэлэмэт гуэр къыпхуэсхьащи! Уи фIэщ хъункъым, - мэдыхьэшх.
Си Iуэхур зыIутыр жесIа нэужь, къысхуихьар си шыпхъу нэхъыщIэм ириту къысIэригъэхьэжыну сыкъигъэгугъащ.
 ЖысIэкIэ, цIыхум я фIэщ хъункъым, ауэ, Тхьэ соIуэ си узыр дэнэкIэ щыхэтми сымыщIэжт, мыр Марэ къуитыжащ, жиIэу си шыпхъум сэмб цIыкIу къыщысIэщIилъхьам, апхуэдизкIэ сыгуфIати. Си Iэхэр кIэзызу сэмбым сиIэбащ… Ди Тхьэ, мывэ илъу къыщIэгъэкI! ДжэдыкIэ хуэдиз хъууэ, хужьыбзэу мывэ цIыкIу къызох. Алыхьым адыгэр къызэригъэщIрэ фIыгъуи, дахагъи, лъагъуныгъи, гукъеуи, гухэлъи, зауи, гъащIи, лIэныгъи, къахуигъэщIауэ хъуар, нэмрэ акъылымрэ къахуэмыщтэн къару гуэрым зы мывэ цIыкIум щызыхуикъуса фIэкIа сымыщIэу, сеплъырт абы… Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэм» сызэреджэрэ сыкърихуэкIырт а мывэм и Iуэхум. Арат апхуэдизу хы Iуфэм Iулъа мывэ сыщIыхуейр. Иужь дыдэ икIа адыгэхэр я хэкум щрашым, хы Iуфэм Iулъ мывэхэм ба хуащIыжурэ, кхъухьым зэритIысхьар слъэгъуам хуэдэу си нэгум щIэтт. А дакъикъэм абыхэм сахэтам хуэдэу, зыхэсщIэрт я гуауэр, я гуIэгъуэр. Сэри тхылъым зэритым ещхьу, мывэм ба хуэсщIщ, си Iэгум искъузэри, си гум хуэсхьащ. СхуэмыIыгъыжу, си нэпсхэри къежэхащ. А мывэр псэлъэгъу схуэхъун папщIэ Тхьэм къигъэщIауэ къысщыхъут. МахуэкIэ сепсалъэу, жэщкIэ, нэхулъэфI укъикI, жесIэу зесхьэрт си «хужь цIыкIу». Марэ сыщыIущIам, хъыбар хьэлэмэт сыкъ ригъэдэIуащ:
 - АIей, дауэ къыпщыхъурэ, - жи, - хы Iуфэм дыгъэ зезгъэууэ сыIулъу, сыплъэри, зыгуэр къэлыдт. Гъуджэ къутахуэрэ мывэрэ къызгурыIуакъым. Сеплъынщ, жысIэу сыщытэджым, зыгуэр къызэджэри, сIэщIэгъупщыкIыжащ. ЕтIуанэ махуэм, ШэIимэтрэ сэрэ дыблэкIыу, аргуэру къэцIурт. Дыжэрэ деплъмэ, мывэт. Мис а уи «хужь цIыкIут», - жери мэдыхьэшх, зыхуэарэзыжу.
 Унэм сыкъэкIуэжри, зыри щIэстэкъыми, зызгъэукIуриящ, сешати. Iэнэм телъ «хужь цIыкIу» къасщтэри, си щхьэм пэгъунэгъуу згъэтIылъащ, уи закъуэ ущымылъ, жысIэри. Куэд дэмыкIыуи, сыIурихащ…
 … ИхъуреягъкIэ сабийхэр зэщIогъуагэ, фызхэр макъ икIакIэ мэгурым, лIыхэр къарууншэу зобыршэ… Я фэр пыкIарэ я нэщIащэхэр уфIыцIыжауэ, цIыхур мин бжыгъэкIэ хы Iуфэм щызэхэтщ. Хэт бэлыхьым щхьэ ныкъуэ ищIарэ ину дыхьэшхыу, хэти кIийуэ, зым и лъэр щIэхуарэ къэмытэджыжыфу, адрейм и гущхьэм и къамэр хиIужри, и псэр тыншыжауэ, нэгъуэщIым илъ ищIэжыну и нэм хъуаскIэ къыщIихыу, ауэ Iэмалыншэу… Сыту куэдыщэ мыхэр, ди Тхьэ. Дэнэ къикIа, дэни кIуэрэ? Сыт къэхъуар? Сыт мы кхъухьри зищIысыр? Мыпхуэдэ гугъуехь зытелъ къомыр щхьэ я унэм мыкIуэжу, мы кхъухь фIыцIэжьым итIысхьэрэ? Е, фи унэм фыкIуэж! Сызэхэфхрэ? Фи жьэгу ужьыхыжхэм пхъэ тIэкIу пэрывдзэ! Сыт мы гъэщIэгъуэн слъагъури?! Мывэхэм цIыху лъакъуэхэм зыкIэращIэ… ЯутIыпщыну хуэмейуэ аращ. Ялъахъэ. Сыт телъыджэ?! Нэхъ яубыдыфахэм, си лъахэ, жаIэурэ, я нэгум гуфIэгъуэ нурыр кърихыу хым зыхадзэж!!! НэгъуэщI мыхъуми, джейхэм я Iэпкълъэпкъым щыщ хъууэ я хэкум къинэн я гугъэу. Хы лъабжьэм щагъуэтынущ хуитыныгъэр! ФыкъэувыIэ! Хэт? Сыт? Дауэ? СыныволъэIу! Си дэлъхухэ, си шыпхъухэ, ди нэхъыжь лъапIэхэ, дэнэ мыгъуэм фыкIуэрэ? Си макъыр соутIыпщ, сокIий, согъ…
 … Си гъы макъым сыкъегъэушыж. Сызэщоджэ. Нэпсхэр солъэщIыжри, мывэмкIэ соIэбэ. Нэхъ нэхутхьэху хъуауэ ар къысщохъу, нэхъ псынщIи хуэдэщ. Къызэпсэлъауэ арат «хужь цIыкIу». И бампIэр игъэтIысащ. 
Тхылъхэм ярыту куэдрэ седжат, адыгэр я хэку щрашым хьэзабу ятелъамрэ гуIэгъуэу зыхэтамрэ. Ауэ… Зэхэпхынымрэ плъагъунымрэ куэд я зэхуакущ. Шынагъуэт сэ слъэгъуар.
 ЖаIэ, псым, мывэм, удзым ялъэгъуамрэ зэхахамрэ я пкъым къинэу, зэи ящымыгъупщэу. Арауэ къыщIэкIынщ хы ФIыцIэр «фIыцIэ» щIэхъуар, мывэхэри щIэхьэлъэр!

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: