Нэ ещанэ

Iуэтэж
(ЕтIуанэ Iыхьэ)
Удзхэр зэдгъэцIыхуа иужькIэ, Ахъмэтхъан пхъэдакъэкъыхэтIыкI сыздишэн щIидзащ. НтIэ, иджы губгъуэм ит пхъэдакъэжьхэр къыхэттIыкIырт. Хьэуэ, псорикъым, зи лъэхъыц псэухэм дапэлъэщынут дэ?! Сэ джыдэ цIыкIу, езым хьэлэрэ нэхъ джыдэшхуэрэ иIыгъыу, дежьэрт. Унэр зэрагъэплъын пхъэ ямыIэу зэи щытакъым дадэ-нанэм, ауэ лъэгъунлейм щIэт хьэкушхуэм, пхъэ инхэр ихуэрти, абы щхьэкIэ къагъэсэбэпырт. ИтIанэ, зэщхьэгъусэхэм тхьэ щаIуэжырт пхъэдакъэкIэ быупщIэфIыр нэхъ IэфI хъууэ, абы и дэпыр нэхъ гуащIэу. 
 Пхъэдакъэ къыхэттIыкIхэм я пIэкIэ жыгыщIэ цIыкIухэри Iэхэлъахэм щыхэтсэрт. Зы жыг дгъэтIысыхукIи арэзыуэ и Iэхэр иутхыпщIырти: «Псапэ къэтхьащ, псапэшхуэ! Нэхъ псапэжыр пщIэрэ? БгъэтIыса жыгым и пхъэщхьэмыщхьэм щыщ щыгуфIыкIыу яшхынырщ. Сыкъэгъэгугъэ, дунейм сехыжмэ, ди пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм я деж укъэкIуэну. Ар пшхыхукIэ уигу сыкъэкIыжынущ!». Апхуэдэхэм деж жаIэ хабзэ «Хьэуэ, хьэуэ, сыт мы жыпIэр, уэ улIэнукъым!» - хуэдэ фэрыщIыгъэ дяку дэлътэкъым дэ! Абы сэ куэд щIауэ къызгуригъэIуат лIэныгъэ зэрыщыIэр, ар псоми я натIэу зэрыщытыр, абы ухуэхьэзыру, уи напэ пхъумэжу упсэун зэрыхуейр. Сэ къызгуригъэIуат лIэныгъэ зэрыщыIэр, ауэ Зилэ тхьэмыщкIэм къыгуригъэIуэфыртэкъым. Е лIэныгъэм пэгъунэгъу хъуауэ къызыщыхъу бзылъхугъэм и гум шынэ итIысхьат? Сытми, жэщым Iэуэлъауэ зэхихмэ, гужьейрти, «ДаIуэт, даIуэт, зо! Дэнэ щыIэ уи фочыжьыр? Алыхь дызукIыжынур къэкIуа сигугъэм!», - жиIэт. Пщэдджыжьым Ахъмэтхъан Зилэ щIэнакIэу тетIысхьэпIэм къытетIысхьэрт. Ахъмэтхъани зигъэлIыхъужь щхьэкIэ, шышынэ къыщIэкIынт лIэныгъэм (абы имыгъэшынэ псэ щыIэ хуэдэ!). Ар илъэс 65-рэ щыхъуам «Уэллыхьи, дыкъэзыгъэщIам сыхуэарэзым, ауэ 70 хухъу сигъэпсэуамэ арат!» - жиIат. 70 щрикъум, «75-рэ» жиIащ, итIанэ 80-ми щIэлъэIуащ. Хьэблэм дэс лIыжьхэр дадэ къыщехъурджауэкIэ, «ФыгъэщIэгъуэнщ ей фэ, сэ Алыхьым сыщIигъэпсэур дунейм сыкъызэрыщысэбэпыр елъагъури аращ. Ар зэIэр дунейм щысэбэпыну хуэмейхэрщ», - яжриIэрти, дыгъафIэм щыхьэулей лIыжьхэм я жьэр игъэнырт.
Ахъмэтхъан псэ зыIут псоми щысхьырт, хэдэхэх имыIэу псоми! Уеблэмэ куэдым фIыуэ ямылъагъу ныбэрыпщхэр (арат блэм зэреджэр) щIапIэм щилъагъуми, иукIыртэкъым, ауэ зэзэмызэ абыхэм Зилэ ярихьэлIэрэ ягъэгужьеймэ (егъэлеяуэ ящышынэрт), абы и хьэтыркIэ иукIын хуей хъурт армыхъу. ИукIыху, псэ зэригъэнам нэщхъей ирихъужырти: «Я гугъу умыщIмэ, блэми уи гугъу къащIынукъым! Уащымышынэ, жысIэурэ дапщэрэ бжесIа! Унагъуэм блэ исыныр игъащIэм угъурлыгъэу ябж!», - жиIэмэ, мыдрейм зэрышынар иджыри хэмыкIыжарэ дадэ жиIам зэгуигъэпарэ мыгурыIуэгъуэу: «Унагъуэм щхьэгъусэ исынращ угъурлыгъэр, армыхъу мо кIэ кIыхьыжьхэракъым», - иритыжырт жэуап хьэзырыр.
Сыкъэжэпхъа иужькIэ дадэрэ нанэрэ тхылъ сакъыхуеджэн щIэздзащ. Абы хэт лIыхъужьхэм датепсэлъыхьырт, итIанэ абыхэм щIэх-щIэхыурэ зауэ лъэхъэнэр ягу къагъэкIыжу хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къысхуаIуэтэжырт. «Дэ дыпщыгъупщэми, бжетIахэмрэ узыхуэдгъэсахэмрэ зыщумыгъэгъупщэ!», - псалъэхэр Ахъмэтхъан иужь зэманхэм жиIэрей зэрыхъуар сфIэмыфIу, сыкъэтэджырти сыкъэкIуэжырт.
 Хъунутэкъым ахэр лIэ! 
Езыхэракъым, я къуэ нэхъыжьырщ япэу дунейм ехыжар. Пэжщ, зыр лIэкIэ адрейм зилIэжыркъым. ЗилIэжыркъым, зехъуэж армыхъу! Гузэвэгъуэм елъытауэ гуфIэгъуэм апхуэдизу гъащIэр хуэмыхъуэжынкIи хъунщ. Дадэ-нанэм къыпхуэмыцIыхужу захъуэжат. КIэнфет зэрылъ Iэр къатщIэрэ тшхыжу сыздэджэгуу щыта Зилэ нанэ дыдэ, Ахъмэтхъан и гур хъыбий зырыхъуар абдежщ къыщызгурыIуар. Сэ лIэныгъэм сыщымыщтэну сыхуэзыгъэхьэзыраитIыр абы ирищIыкIырт, сыпэмылъэщу. Сыпэлъэщыпэнуми, сэ сщIэртэкъым апхуэдэхэм деж щIэн хуейр, уIэгъэшхуэу цIыху балигъитI итт си пащхьэ. Мис ахэратэм, Тхьэ, тхьэгъэгурымым хуэмыгъэхъужынур…
СыдэкIыху тетIысхьэпIэр нэщIт, итIани, итIани… Зыгуэр щIэн зэрыхуейр сщIэрти, мамэ сыкIэрыхъыжьащ дадэ-нанэм я тетIысхьэпIэр яхудигъэлэну, арщхьэкIэ идакъым: «Абыхэм ар я Iуэхукъым, я гугъу умыщI», - щыжиIэм, сыбэяужащ. 
Махуэ гуэрым сыдэмысу, дадэрэ нанэрэ Дзадзу и деж ишэжащ, я щыгъын тIэкIур зэщIакъуэри. КъуажэкIэ дыдэ дащIащ…
ТыншыпIэ псори здэщыIэ щIыпIэм дадэ-нанэр куэдрэ щыпсэужакъым. Мис иджыт сэ ахэр щысIэщIэкIыпар. Ди Iыхьлы дыдэ гуэр хуэдэ (ди Iыхьлытэкъэ-тIэ!) зыхэтщIат, псом хуэмыдэу сэ. Ахэр зыхэта гъащIэмрэ зыхэмытыжымрэ зыкIи зэщхьыжтэкъым…
 Абы яужь хьэблэ сабийм сахэмызагъэжу сыт хуэдиз бэлыхь стелъа. Джэгун фIэкIа Iуэху яIэтэкъым, хъыбарти, таурыхъти, удзти, пхъэдакъэти жыхуиIэхэр абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнтэкъым, сэращи - езыхэр сфIэгъэщIэгъуэнтэкъым. Сызыхэфу щыта псынащхъэр ягъэсеижу псыхуэлIэу сыкъыдэнам ярейт…
***
Я щIыкIэкIэ кхъэм ит адрей сынхэм яхэгъуащэу, нэхъ жьантIэмкIэ тIу щытщи, къуажэкIэмкIэ къаплъэу ягъэуващ. ЗымыцIыхухэрщ ар хэзыгъэгъуэщэнкIэ хъунур, сэркIэ абы екIуалIэ лъагъуэ бгъузэр пхыубыкIащи, кхъэм сызэрихьэу (ди дежкIэ, хуэфэщэну хуэпамэ, бзылъхугъэри кхъэм ихьэну хуитщ), сыпIащIэу дадэрэ нанэрэ деж сожэри… Сынхэр мывэ къудейкъым!
***
Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ я унэр зэримытыжрэ куэд щIащ, псори хэсэхэжри, и щIыIум удз лъахъшэ цIыкIу къытекIащи, зыгуэр исаIауи пщIэжынукъым. Ауэ, абдеж цIыху угъурлы зэрыщысар наIуэ ящI пхъэщхьэмыщхьэ жыгыу абы итым. НтIэ, иджы си закъуэкъым абыхэм пышхыхьыр. ЗэрыгъэкIийрэ дыхьэшх макъым къикъутэу абы и щхьэкIэхэм сабий гуп тесу слъагъуху, согуфIэ. Сэри сыдэIэбейуэ зы пхъэщхьэмыщхьэ къыпысчыху, «Фи псапэщ!» жызоIэ, сызэрагъэсауэ. Ауэ, щыуат Ахъмэтхъан! Ар сигу къэзыгъэкIыжыр я пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм я закъуэкъым, атIэ игъащIэкIи «сигъэшхэну» абыхэм къызата нэ ещанэрщ, абы илъагъу дуней телъыджэрщ, си гум хуэсакъыу щызэтралъхьа хъыбар бжыгъэншэхэрщ. 
Сэ къызгурыIуар зыщ - уи гъащIэм лъэужь къыщызыгъанэр, зи лъэужь уитарщ.
***
Гъэмахуэ пщэдджыжьми, дыгъэр хэжеящи, удзым сыздрикIуэм уэсэпсыр къызох. Ауэ а ткIуэпс щIыIэтыIэ цIыкIухэр зыуэ лъакъуэм фIэфIщи, кIуэ пэтми нэхъ жэр сащI. 
Зэт! Пхъэдакъэжь!!! СолъэпыIури, схуэгъэхъейкъым. Хъуакъым иджыри, етIанэгъэ сыкъэкIуэнщ…
Щомахуэ Залинэ.
Поделиться:

Читать также: