НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 7, гъубж

 
1917 гъэм Урысейм щекIуэкIащ Жэпуэгъуэ революцэшхуэр.
1928 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэн щыщIидзащ Акъбащ ГЭС-м.
1914 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ ЕхъулIэ Сэфар.
1924 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист ЩоджэнцIыкIу Нурий.
1930 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессору щыта, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Быгуэ Хьэзрэталий.
1935 гъэм къалъхуащ усакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Пётр.
1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ Джэдгъэф Борис.
1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Анзорыкъуэ Чеслав.
1942 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, тхыдэдж Бейтыгъуэн Сэфарбий.
 
Дунейм и щытыкIэнур
 
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 12 - 16, жэщым  градуси 8 - 11 щыхъунущ.
 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

МафIэм псыр къегъавэ, псывэм мафIэр егъэункIыфI.

 
 
 
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ