Къэралыр ядоIэпыкъу

Урысей Федерацэм и Правительствэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэу сом меларди 4,5-м щIигъу къэралым и щIыналъэхэм яхуиутIыпщынущ, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэу цIыхухэм хуащIам пэкIуэу ятын хуейхэмкIэ зыщIагъакъуэу. Унафэм къыщыгъэлъэгъуа ахъшэр трагуэшэнущ щIыналъэ 42-м, ахэр дэIэпыкъуныгъэ щхьэхуэ зэрыхуэныкъуэм къыхэкIыу.
ЩыIэ дэфтэрым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелуан 419-м нэблагъэ къыхуаутIыпщынущ, цIыху щхьэхуэхэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щхьэкIэ къатехуа ахъшэм и зэхуэдитIымкIэ худачыхын щхьэкIэ.
Iуэхум къызэрыщыхэщымкIэ, социальнэ и лъэныкъуэкIэ зызыщIагъэкъуэнухэм хеубыдэ федеральнэ льготэхэр зиIэ цIыху ныкъуэдыкъуэхэр, зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм хэтахэр, щIыуэпс къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэм и зэран зэкIахэр. Апхуэдэ гупхэм хыхьэ цIыхухэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэу хуащIам и уасэм и процент 50-р езыхэм ямыту щхьэщахынущ. ЩIыналъэхэм абы трагъэкIуадэ мылъкур федеральнэ бюджетымкIэ ягъэзэкIуэжынущ. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: