ЩыIэ мардэм къотIасэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, КъБР-м и «Россельхозцентр»-м и IэщIагъэлIхэм мы махуэхэм къапщытэ рапс, сэхуран, сое жылапхъэхэм я фIагъхэр. Дагъэ къызыщIаху къэкIыгъэхэм ящыщу республикэм нэхъыбэу къыщагъэкIыр ахэрщ. 
  «Россельхозцентр»-м и лабораторэм щрагъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэмкIэ къыщIагъэщ ерыскъыпхъэу къэбгъэсэбэпын папщIэ жылапхъэхэм фIагъыу яхэлъыр, цIыхум и узыншагъэмкIэ ахэр зэрышынагъуэншэр. Абы къыхэкIыу, ахэр зэхадз: ерскъыпхъэхэр щхьэхуэу, шхыным пымыщIауэ нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ къагъэсэбэп хъунухэр - щхьэхуэу.
МэкъушэшыщIэхэм къата лъэIухэмкIэ центрым къепщытэ сэхураным дагъэу щIэтыр, и псыIагъыр, узыфэ къызыбгъэдэкI дзыгъуэхэм къацIэла-къамыцIэлар, химие пкъыгъуэу хэлъыр, фIеягъкIэ зыхуэдэр. Сое лIэужьыгъуэм дагъэу хэтыр, белок пкъыгъуэу хэлъым и куэдагъыр къапщытэ, и псыIагъыр, уз зэран къахуэхъуамэ, и фIеягъкIэ зыхуэдэр.
«Россельхозцентр»-м къитахэм къазэрыхэщымкIэ, сэхуран жылэм ехьэлIауэ къэпщытэныгъэ зэхуэмыдэу 190-рэ ирагъэкIуэкIащ, и куэдагъкIэ псори зэхэту тонн мини 5-м щIигъу, соемкIэ – 170-рэ, тонн бжыгъэкIэ къапщтэмэ, мини 10-м щIигъу. 
Бжьыхьэсэ рапсым химие пкъыгъуэу хэлъымрэ и фIеягъымрэ къапщытащ, псори зэхэту тонн 600-м нэблагъэ.
Къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIукIащ абыхэм щхьэкIэ щыIэ мардэм тету икIи сэхураным, рапсым, соем ехьэлIауэ ГОСТ-м къигъэувхэм зэрыхуэкIуэхэмкIэ протоколу 97-рэ ягъэхьэзыращ. 
 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: