Iэзэ

Iуэтэж
 Iэзэу зызыгъэIу цIыхухъум и нэхэм зэрыщIэплъэу, абы къыгурыIуащ аргуэру зэрыщыуар. ЦIыху Iувым хэсу и чэзур къыщысынум сыхьэт бжыгъэкIэ пэплъат ар. Абдеж щыс куэдым хуэдэу, ари нэхъыбэрэ щысыху нэхъыбэкIэ гугъэрт, Iэзэм теухуауэ иIэ фIэщхъуныгъэр багъуэрт, ауэ зэрыIуплэу… Ар зыгъэхъужыну къэзыгъэгугъам къыпхуищIэфынуIатэкъым.
Абы игъэхъужахэм ящыщу зы хъыджэбз абдеж щысти, абы жиIэр псоми хуиту зэхахырт. «Алыхь пэжым, дэ мыбы къэкIуэн зэрыщIэддзэрэ..», - жаIэурэ абы къыдежьуун щIадзат нэгъуэщI бзылъхугъэ зыбжанэми. Абдеж щыс псори абыхэм жаIэм едаIуэрт, едаIуэм имызакъуэу, я фIэщ ящIыжауэ зэхэст. Мырат зыми жаIэм емыдаIуэу щыму щысыр. 
  Ахэр зыщIэс унэ цIыкIур, къэуэным куэд имыIэжу къыпщыхъуу, фейцейт. Бзылъхугъэ цIыкIум занщIэу гу лъитащ унэлъэгур зэрыфIеймрэ пэшым тхьэнапэ куэдыкIей зэрыщIэтымрэ. Дауи, гурыIуэгъуэт Iэзэм диныр тегъэщIапIэ зэрищIыр, ауэ бзылъхугъэ цIыкIум езыми къыгурымыIуэжу а илъагъу псоми игъэмэхъашэрт. Абы фIы дыдэу ищIэрт а сурэт къомым къабзагъэ гуэри зэрахэмылъыр. 
ЦIыхухъу Iэзэр и нэр зэтепIауэ шэнтиуэм ист. 
- Уи махуэ фIыуэ! – щэху дыдэу жиIащ хьэщIэм.
ЦIыхухъум фэрыщIу и Iэпэр и Iупэм Iуилъхьэри «щэхуу» - жыхуиIэу къригъэлъэгъуащ. Абы къригъэкIыр ипэкIэ щIигъэкIыжам тригъэкIуэда къарур зригъэгъуэтыжу арат. Бзылъхугъэм зиплъыхьащ. А пэшым зы шэнт щхьэгуэ закъуэ щIэтти, абдеж щетIысэхащ. ТIысащи, поплъэ Iэзэм и къару къызэрыгъуэтыжу къыщеплъынум.
- Ахъшэр мо шейщIэтым илъхьэ.
ХьэщIэр щтэIэщтаблэ хъуащ. Абы ахъшэ иIыгътэкъым.
- Сыт шейщIэтым щIислъхьэнур? - щIоупщIэ ар.
А упщIэм Iэзэр къызэригъэкIуэкIащ. Абы зэуэ ипэкIэ зыкъишэщIри, и пащхьэм исым къеплъащ.
- Ахъшэр фIейщ, сэ абыхэм сеIусэмэ, ищхьэкIэ къысхурагъэх къарур кIуэдынущ, къыбгурыIуа?! Аращи, мис мыбдеж къилъхьэ.
  ЛIым жиIэнур иджыри иухатэкъым, ауэ бзылъхугъэм абы теухуауэ псори ищIэрт. Унагъуэ хуэмыщIам зыхуей хуэмызэу, адэ-анэм я гулъытэ щIагъуэ имыгъуэту къыщыхъуа сабий етхуанэт ар. Бын нэхъыжьхэм яукIыу, къыщIэнакIэу къагъэхъуат. Иджыри щIалэ дыдэу хъунщIэри, тутнакъэщым исат, дахэу мэпсалъэ, ахъшэ фIы дыдэу елъагъу. Бзылъхугъэм фIэгъэщIэгъуэныр а цIыхухъум апхуэдизу фIыуэ илъагъу ахъшэр къимыгъэсэбэпу щIыунэм зэрыщызэтрилъхьэрт.
ЦIыху сымаджэхэм я гузэвэгъуэр къигъэсэбэпу абыкIэ сом къэзылэжь цIыхур езыр лIэным хуэдэу щышынэрт къагъэпцIэным е зыгуэр къедыгъуэным. И зэманыр бзылъхугъэм пщIэншэу зэригъэкIуэдамкIэ къэгубжьынкIи хъунт, зэман лей езым имыIамэ. Абы и Iэр иутхыпщI хуэдэу ищIати, Iэзэм ахъшэ къыхутралъхьа къыфIэщIщ, зигъэпсчэуIури къригъэжьащ:
  - Уи ныбжьым емылъытауэ щIалэу укъызэтенащ.
- Уэ дапщэ сыхъуу къыпщыхъурэ? – щIэупщIащ бзылъхугъэр. – Дапхуэдэу уэ сызэрыплъагъур?
ЦIыхухъур аргуэру псчащ. Iэзэм тутыныр щигъэтыну, абы и зэранкIэ и тхьэмбылхэм фIыцIагъэ игъуэтам зэрызиубгъур зылъагъу бзылъхугъэм ар жиIами хъунут, ауэ ар мыбы къыщIэкIуар аратэкъым. ЦIыхухъум жэуап къитыну пIащIэртэкъым, абы къыгурыIуат и пащхьэ къисыр зэрыгубзыгъэр.
- Соплъэри, унагъуэ узэримыIэр солъагъу, - макъ хэкъузакIэ жиIащ абы.
- Мис ар пэжу плъэгъуащ, - арэзы хъуащ бзылъхугъэр. – Сыт иджыри плъагъур?
- Уэ… псчэр къыщыхьащи, игъэбауэркъым. – Уузыншэ дыдэщ, уи ныбжьыр зэрыхэкIуэтам емылъытауэ.
- Сэ сыузыншэми, уэ узыншафэ птеткъым, - цIыхубзыр къэтэджри, щIэкIыпIэмкIэ иунэтIащ.
- КъэувыIэ, - Iэзэр къызэфIэуващ, и хьэщIэр къызэтригъэувыIэн мурад иIэу.
-Сумыубыд, - щIэгуфIыкIащ бзылъхугъэр. – Дэ мыгувэу иджыри дызэрылъагъунущ.
ЦIыхубзыр унэм зэрыщIэбэкъукIыу цIыхур Iуву зыдэт пщIантIэ зэвым къыдэхутащ. КIуэ пэтми ахэр нэхъыбэ къэхъурт. Гузавэ зи нэгум илъ защIэт. ПщIэншэу зэманрэ ахъшэрэ зыгъэкIуэд дэтхэнэми игу щIэгъуащ. Абы нэбгъузкIэ къиубыдащ зи ажалыр гъунэгъу цIыху зыбжанэ.
- Ей, дыщIыхьэ хъуну пIэрэ? – зыгуэрым зыкъыхуегъазэ. 
Бзылъхугъэм жиIэнур имыщIэу и дамэхэр дрешейри:
- Иджыпсту абы фриIуэхукъым, зэ зыфIэжьэ. ИтIанэ, а уэ къоузыр дохутыр къызэрыгуэкIми хуэгъэхъужынущ.
- Сыт уэ абы хэпщIыкIыр? - зэхихащ абы къыкIэлъадза псалъэхэр.
  Ар пщIантIэм къызэрыдэкIыу и кIэ къуащIэм зыгуэр къызэреIэр зэхищIащ.
- Сэ уэ узоцIыху! 
Еплъыхмэ, илъэсих ныбжьым ит щIалэ цIыкIу щытт. А цIыкIум бзылъхугъэр зэпиплъыхьырт. Бзылъхугъэр етIысэхри, сабий нагъуэм и натIэм къритхар къриджыкIыну яужь ихьащ. Мы щIалэ цIыкIум бгъэдэлът мо Iэзэ нэпцIым имыIэ зэфIэкI куэд. Ар цIыху куэдым сэбэп яхуэхъуфынут, игъэхъужыфынут, ауэ зы уз гуэрым езы цIыкIур кърихуэкIырт.
  ЩIалэ цIыкIум и анэр, адрей анэ куэдым ягъусэу, зи гур уз и сабийр игъэхъужыну зыщыгугъ Iэзэм деж щIыхьэну и чэзум ежьэу щыст. 
  - Пэжуи, - щIэупщIащ Сэрор.
- НтIэ, узоцIыху, уэ цIыхупсэхэр адрей дунейм бохьыж.
- Укъысщышынэрэ?
- Хьэуэ! – жиIэри сабийр дыхьэшхащ.
И къуэр щимылъагъум, бзылъхугъэр гужьеяуэ къыщылъэтат, ауэ зи гупэр уафэмкIэ гъэзауэ дыхьэшхыу щыт сабийр зэрилъагъуу и гур мамыр къэхъужащ. Сабийхэм куэдрэ къахуохуэ я щхьэ щыхуэпсалъэ. 
- Дапхуэдэу сызэрыплъагъур, - щIоупщIэ Сэрор.
- Зэмыщхьу, - мэIущащэ цIыкIур. - Уэ угубзыгъэщ, ущабэщ. Уэ укъалъагъу хъуркъым икIи къыпщошынэ. Ухуеймэ, ныбжьэгъу сыпхуэхъунщ? 
Абдеж Сэром хуэмышэчу гъащ. Ар сабийм и гум теIэбэри, и натIэ хужьыбзэм ба хуищIащ.
- Уэ гъащIэ кIыхь уиIэнущ. Губзыгъэу псэу икIи зыщумыгъэгъупщэ, сэ уэ сыуижагъуэгъукъым. Зыри щыпхузэмыхъуэкIым деж – утIыпщ, гъащIэм упэщIэмыувэ.
Сэром и щIыб къигъазэу ежьэжами, щIалэ цIыкIум и нитIыр къызэрыкIэлъыплъыр зыхищIэрт. Абы ищIэрт, илъэс ищI хуэдиз дэкIмэ, ахэр иджыри зэрызэхуэзэжынур… 
Интернетым къитхащ.
ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: