Гъэр бэвагъкIэ къахуэупсащ

Бахъсэн щIыналъэм щыхаса гъавэ гектар мин 23,5-м щыщу гектар мин 19-м нэблагъэр кIэрыхуншэу Iуахыжаж. Абы къытрахащ тонн мини 123-рэ. Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ щIыналъэ Управленэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, псом хуэмыдэу бжьыхьэсэ гуэдзыр яхуэбэгъуащ - хаса гектар 3700-м нэблагъэм зы гектарым хуэзэу центнер 55-м нэс, бжьыхьэсэ хьэпцIий гектар 1085-м центнер 50, гъатхасэм центнер 45-рэ къытрахащ. Нартыхури кIэрыхуншэу кърахьэлIэж. Зы гектарым хуэзэу къытрахар центнер 75-80-м ноблагъэ. Иужьрей илъэсхэм Бахъсэн щIыналъэм гулъытэ щигъуэту хуежьащ нартыху IэфIымрэ джэш щхъуантIэмрэ. Япэм щыщу тонн мин 15, етIуанэм щыщу тонн мини 4-м щIигъу Iуахыжащ. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ - ерыскъыхэкIхэм елэжь IуэхущIапIэхэм я деж абыхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ шхыныгъуэ куэдым зэрыхалъхьэм къыхэкIыу.
Районым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм псом нэхърэ нэхъыбэу хасар нартыхурщ - гектар мин 16-м нэблагъэм. Абы щыщу мин 12-м нэсыр къахыжащ. ЩэкIуэгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу абы къытрахар тонн мин 84,5-м фIыуэ щIигъурт, зы гектарым центнер 75-рэ хуэзэу къытрах. Мы гъэм нартыхуу тонн мини 120-рэ кърахьэлIэжыну мэгугъэхэр. 
 Сэхуран хэзыса мэкъумэшыщIэхэми я Iуэхур нэхъ Iейкъым: гектар мини 4,5-м щIигъум тонн мин 16,5-рэ къытрахащ, зы гектарым центнер 30-35-рэ хуозэ. 
ГъавэгъэкIхэм зыкъыкIэрагъэхуакъым псы щIэгъэлъэдэкIэ мардэм тету пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэм елэжьынымкIэ Кавказ Ищхъэрэм бжьыпэр щызыIыгъ жыггъэкIхэми. Иджыпсту гъэр здынэсам абыхэм къыпачыжащ мыIэрысэ тонн мин 240-рэ, зы гектарым центнер 540-рэ хуэзэу. 
Бахъсэн районым и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм гъавэр къызытрахыжа хьэсэхэр мы зэманым явэ, щIыгъэпшэрхэмкIэ йолэжь, бжьыхьэсэр и чэзум зэрызэфIагъэкIыным хуэдэу. Къапщтэмэ, бжьыхьэсэ гуэдзу гектар 635-рэ, Iэщым ирагъэшх къэкIыгъэ щхъуантIэу (рапс) гектар 36-рэ хасэну хунэсащ. Псом хуэмыдэу лэжьыгъэхэр псынщIэу къыщрахьэлIэ Ислъэмей, Бахъсэнёнкэ, Куба, Кыщпэк жылэхэм. Управленэм и унафэщIым зэрыжиIамкIэ, хьэцэпэцэр, хадэхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр зэрахуэбэгъуар куэдкIэ и фIыгъэщ щIым телэжьыхьхэм жылапхъэфIхэмрэ иджырей Iэмалхэмрэ къызэрагъэсэбэпым. Иджырей сэгъуэри къащегъэпсынщIэ бжьыхьэр уэфIу зэрекIуэкIым.
 
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: