ЛыпцIэналъэхэм я хьэлыр

ЛыпцIэналъэхэр лIэужьыгъуищу гуэшащ: къупщхьэзэфIэблэм кIэрылъхэр, джафэхэр, гум екIуалIэхэр. ЦIыху Iэпкълъэпкъым и лыпцIэналъэхэм я процент 90-р къупщхьэзэфIэблэм телъхэрщ. ЦIыху Iэпкълъэпкъым и лыпцIэналъэ нэхъ цIыкIу дыдэр хэлъщ тхьэкIумэм. Ар миллиметр 1,25-рэ хъууэ аращ, Псори зэхэту цIыху Iэпкълъэпкъым хэлъщ лыпцIэналъэ 640-рэ. Пэжщ, щыIэщ 850-рэ къэзыбж щIэныгъэлIхэри. ЩыIэщ гуп-гупурэ зэхэт лыпцIэналъэхэри. Апхуэдэхэр нэхъыбэ дыдэу здэщыIэр напэрщ - аращ зыхищIэм елъытауэ цIыхум и нэIум куэду зыщIызригъэхъуэжыфыр. Псалъэм папщIэ, цIыхур щыгуфIэкIэ лыпцIэналъэ 16 егъэлажьэ. Щыгубжьым деж ар хуэдитIкIэ нэхъыбэ мэхъу. ЦIыхур щыбакъуэ къудейкIи егъэлажьэ лыпцIэналъэ зэмылIэужьыгъуэу 200-м нэблагъэ.

ЛыпцIэналъэ нэхъыбэ щыIэщ лъакъуэм. Нэхъ бэшэч дыдэхэр гум щыIэщ. Илъэсым къриубыдэу цIыхугум кърехуэкI лъы литр мелуан 250-м нэблагъэ. ЛыпцIэналъэ нэхъ ин дыдэхэр пхэщIыщхьэм щыIэщ, ахэращ лъакъуэ зэблэхыным нэхъыбэу хэлэжьыхьыр. Нэхъ кIыхь дыдэр куэм хэлъщ. Абы и кIыхьагъыр елъытыжащ цIыхум и лъагагъымрэ езы куэр зыхуэдизымрэ. Нэхъыбэм ар сантиметр 43-рэ мэхъу. Нэхъ хуабжь дыдэу лажьэ лыпцIэналъэр цIыхум и нэIум щыIэщ, абы жэуап ехь напIэр зэтегъэуэнымкIэ.

Спортым димыхьэх цIыху къызэрыгуэкIым и лыпцIэналъэхэм езым и хьэлъагъым и процент 30 - 35-р яубыд. Спортсменхэм яйм еубыд я хьэлъагъым и процент 55-60.

ЛыпцIэналъэхэм зыщызэхуашэкIэ, я хуабэр пщIэнтIэпсым хэту Iэпкълъэпкъым къыхокI. Я Iэпкълъэпкъым спортзалым зыщрагъэужькIэ, цIыхухэм я температурэр градус зыбжанэкIэ щIыдэкIуейр аращ.

ЦIыху Iэпкълъэпкъым лыпцIэналъэу хэлъым я лъэщагъыр зэгъэуIуатэмэ, ар хурикъунут тонн 20 - 25-рэ къиIэтыным.

ЛыпцIэналъэр цIыхум и щэм нэхърэ нэхъ Iувщ процент 15-кIэ. Абы къыхэкIыу, щэ лей зытелъым нэхърэ зи лыпцIэналъэхэр егъэлеяуэ быдэм и хьэлъагъыр нэхъыбэнущ.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: