Судыр къапоплъэ

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэм полицэм и къудамэ №2-м и Следственнэ IэнатIэм и кIэм нигъэсащ республикэм щыпсэухэм ящыщу цIыхуищ тутынхэкIхэр ядыгъуауэ зэрагъэкъуаншэм ехьэлIа уголовнэ Iуэхур. 
2023 гъэм и мэкъуауэгъуэм республикэм и щыхьэрым и полицэм зыхуигъэзащ хьэлъэхэр къешэкIыным пыщIа транспорт компанием и унафэщIым. Абы зэрыжиIамкIэ, зыдэлажьэхэм ящыщу Уфа щыIэм хуригъэша тутынхэкIхэм пачкэ 9500-рэ, сом мелуан 1,1-м щIигъу и уасэу, хуримыкъуу къыщIэкIащ. Ауэ щыхъукIи, ахэр зэрылъа коробкэ 19-р фирмэм и гъэтIылъыпIэми къыщагъуэтакъым.
Полицэм къэлъыхъуэныгъэхэр щригъэкIуэкIым яубыдащ транспорт компанием и лэжьакIуищ, дыгъуауэ шэч зыхуащIхэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, гъэпцIакIуэхэм тутынхэкIхэр машинэм щралъхьэм, коробкэхэр гъэтIылъыпIэм щагъэпщкIуат. ИужькIэ абыхэм махуитIым къриубыдэу тутынхэкIхэр щIашри, сом мин 540-кIэ Налшык къалэм щащащ. КъыпэкIуа ахъшэр езыхэм къагъэсэбэпащ. 
 УФ-м и УК-м и 158-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм и «в» пунктым ипкъ иткIэ къаIэта уголовнэ Iуэху зэрагъэкъуаншэм ехьэлIа тхылъхэр судым Iэрагъэхьащ, - къет КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм. 
БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: