Къербэч

Хъыбар

ЖаIэж ди къуажэм лIы гуэр дэсауэ КъербэчкIэ еджэу. Тхьэ яIуэ абы нэхъ хъыжьэрэ къару зыхэлърэ а зэманым ди лъахэм куэд щымыIауэ. Шыгъу центнер зэрылъ къэпыр дзэкIэ къищтэрт, тыкуэным къыщIихырти гуэщым нэс ихьырт, гуэщ бгыкъум зыдрихьейрт, зыкърихьэхыжырт, цIыху еплъхэм «хъунщ иджы» жаIэху. Езыри къызыфIэщIыжауэ, нэхъыжь нэхъыщIи къримыдзэу, къэзыгъэувыIэфи щымыIэу псэурт.
Абы и къэшэгъуэ дахэт. Ар зэгуэкIуауэ щытауэ жыхуаIэри Дохъушокъуэхэ япхъу къамылыфэ бгы псыгъуэ Жансурэтт, ауэ лъэпкъитIым яку лъы дэлъти къишэну Iэмал игъуэтыртэкъым. Абы нэхъри тэмакъкIэщI ищIа Къербэчи, дыгъужь пщагуэм хуэдэу, дэнэкIи къыщыкъуэхурт.
Зэгуэрым кIэху къыщищIым ар Псыгуэнсу кIуэну шууэ ежьащ. Пшагъуэти дунейри IупщI дыдэтэкъым. Арати, Къербэч зы шу хуэзащ. ГъуэгурыкIуэм сэлам кърихри блэкIащ. Къербэчи мыпсалъэу и щхьэр, «упсэу» жиIэу ищIащ. АрщхьэкIэ щIалэм кIэщIу кIэлъыплъыжащ, шы екIум хуэфэщэж уанэ телът, шхуэри уанэри дыжьыныжьт. Шым тес щIалэ цIынэри Iэщэ-фащэ екIукIэ зэщIэузэдат. НапIэзыпIэм абы и гум къэкIащ: «Мы щIалэ цIынэр езгъэпсыхыу и шымрэ и Iэщэ-фащэмрэ къытесхыу щхьэ сымыутIыпщыжрэ?» Арати, куэдрэ мыгупсысэу, и шыр къриIуэнтIэкIри гъуэгурыкIуэм ирихулIащ:
- Упсэу апщий, щIалэщIэ. Хэтхэ уарей?
Шууейр, ней-нейуэ Къербэчым къеплъурэ, Iэдэбу къэпсэлъащ:
- Гугъуэтыжхэ. Сыт ущIыщIэупщIэр?
- СлIожь-тIэ, апхуэдизу зыщIэбгъэлIыр? Уэр фIэкIа мы дунеижьым зыри темытыжу ара уи гугъэр? – Къербэчыр шум ебгъэрыкIуэу хуежьащ: - Къепсых мы шым, къыщIыгъу уи Iэщэ-фащэри!
- Iэгъу, ар дауэ хъун, абы фIэкIа хэмылъу?! КхъыIэ, дыхыумыгъэт абыхэм, сэ сылIыкIуэщ, псалъи сохьыж Iуэху гуэрым теухуауэ. Ухуеймэ, пIалъэ къызэти, иужькIэ дызэIущIэнщ, - жиIэри щIалэр лъэIуащ, арщхьэкIэ Къербэчым ахэр гурыIуэнт.
- Сыт мыбы «псалъэ, пIалъэ» жиIэу къибжхэр! Къепсых, жысIащи, къепсых, укъемыпсыхынумэ, тхьэр нахуэу пхуэзгъэпцIащ, укъезмыгъэлIыхым! – жиIэу гурбияныр къамэм щеIэм, щIалэщIэми и къамэр къригъэлъэтащ.
- Уэ сэ слъагъур уз уолъыхъуэ, - жиIэщ щIалэми, и шыр Къербэчым ейм къыбгъэдихуэри, шыбгъэкIэ лIыр ириудыхщ, и къамэр тришащIэри, - ЗытIэщI иджы уэ, ныбжьэгъу, къащтэ мыдэ, уи псэм ухуеижмэ, уи шымрэ уи Iэщэ-фащэмрэ, - макъ хэкъузакIэ къыпиубыдащ щIалэм. 
Къербэчым къыхуэнэжар зыти, и Iэщэ-фащэр зыщIихри щIалэм хуишиящ. 
Iэщэ-фащэр къищтэщ, къытриха шыри Iэдэж ищIри гъуэгурыкIуэр ежьэжащ. АрщхьэкIэ куэд имыкIуу къигъэзэжри:
- Ухэт уэ езыр? – жиIэри къеупщIащ сыным хуэдэу и пIэм ижыхьауэ ит Къербэчым.
- Хьэмдокъуэ Къербэч, - къыжьэдикъузыкIащ абы хуабжьу къехьэлъэкIыу.
- Iэу, уэра Хьэмдокъуэхэ я къуэу уей-уей жезыгъэIэр? – жиIэщ шуми, шыри, Iэщэ-фащэри иритыжащ. - АтIэ, сэри зыкъозгъэцIыхунщ, - и пыIэр щхьэрихри и щхьэцышхуэр и гупэмкIэ къридзыхмэ, ар Дохъушокъуэхэ япхъу Жансурэтт, Къербэчым фIыуэ илъэгъуарт…
 

 

Иуан Владимир.
Поделиться:

Читать также: