Лъэпкъыр зэрыгушхуэ усакIуэр ягу къагъэкIыж

КъБКъУ-м, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ центрым иджыблагъэ фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа усакIуэ, тхакIуэ, егъэджакIуэ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 123-рэ зэрырикъум.

Зи цIэ къитIуа центрым и лэжьакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, студентхэм ягу къагъэкIыжащ абы адыгэ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр. Филологие институтым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI ТIымыжь Хьэмыщэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ усакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ.

ЩоджэнцIыкIу Алий Бахъсэн районым хыхьэ Старэ Крепость (Кушмэзыкъуей) къуажэм 1900 гъэм къыщалъхуащ. Къуажэм дэта еджапIэр къеухри, ЦIагъуэ Нурий и жэрдэмкIэ мэкъумэшыщIэ сабийхэр щрагъаджэну Бахъсэн къыщызэIуахауэ щыта «ЦIагъуэм и университетым» щIотIысхьэ, кIэлъыкIуэу Дагъыстэным и Темырхъан Шурэ (иджы Буйнакск къалэ) щыIэ егъэджакIуэ курсхэм. Кърымым и Бахъчи-Сэрай къалэм дэт педагогикэ училищэм и щIэныгъэм щыхегъахъуэ. А зэманым техуэу къэхъуа революцэм и зэранкIэ Кърымым къина щIалэр ТыркумкIэ макIуэ. Гугъу ехьми, абыи щоджэ. 1919 гъэм адэжь хэкум къэзыгъэзэжа усакIуэм и лъэпкъэгъухэм лэжьыгъэшхуэ ядригъэкIуэкIащ ахэр иузэщIыным, щIэныгъэ яригъэгъуэтыным и IуэхукIэ. Зы зэманкIэ ар журналисту, егъэджакIуэу лэжьащ.

Урыс усакIуэхэм я усэ гъэпсыкIэм яжь къыщIихуами, лъэпкъ усэ гъэпсыкIэр ихъумэн, абы зригъэужьын хузэфIэкIащ Алий. Абы къыщIэнащ адыгэ литературэм и курых хъуа, усэбзэкIэ итха «Къамботрэ Лацэрэ» романыр, поэмэхэр, усэхэр, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Горький Максим, нэгъуэщIхэми я тхыгъэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIахэр.

Курыт еджапIэм адыгэбзэр щезыгъэдж ЩоджэнцIыкIум хьэрыпыбзэр, тыркубзэр, франджыбзэр, эсперантэр ищIэрт. Зи ныбжьыр илъэс 17-м иту лъэпкъ литературэм лъэ быдэкIэ хыхьа ЩоджэнцIыкIу Алий Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу хунэсащ и усэхэмрэ поэмэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдигъэкIыну. 1941 гъэм усакIуэшхуэр зэуапIэм Iуту гъэру яубыдащ икIи зауэм и япэ бжьыхьэм Бобруйск щыIэ концлагерым щылIащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и Хэкум, и лъэпкъэгъухэм, и IэщIагъэм епцIыжакъым, лIыгъэрэ хахуагъэрэ хэлъу и псэр итащ. Ар зауэлI, усакIуэ нэсым и щапхъэщ. Апхуэдэхэращ цIыхубэм ягу илъыну, усэ зыхуаусыну зыхуэфащэр.

ТIымыжь Хьэмыщэ и псалъэм къыхигъэщащ ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ яджами, абы теухуа щIэ гуэрхэр зэпымыууэ къызэрызэIуахыр. Абы и щыхьэту жиIащ ЩоджэнцIыкIур мэкъумэшыщIэ унагъуэ къыхэкIауэ нобэр къыздэсым къалъытэу щытами, иджы уэркъ унагъуэм щыщу къызэрахутар ХьэкIуащэ Андрей и тхыгъэм зэрыщитхыр. Апхуэдэу ТIымыжьым жиIащ усакIуэр дунейм щехыжа щIыпIэмрэ зэрехыжа щIыкIэмрэ теухуауэ ятхри зэрызэтемыхуэр.

- Адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, лъэпкъыр зэрыгушхуэ усакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ унагъуэ псори щыгъуэзэн, и усэхэр щIэблэм гукIэ ящIэн хуейщ, анэдэлъхубзэр яхъумэн папщIэ. Псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм адыгэ усакIуэ цIэрыIуэм и литературэ щIэинхэр фхъумэну, къэкIуэну щIэблэм я деж ахэр нэфхьэсыну фи къалэнщ, - жиIащ Иджырей Гуманитарнэ институтым и унафэщI Тэмазэ Муслъим.

Адыгэ щэнхабзэмкIэ центрым и лэжьакIуэхэу Езауэ Мадинэрэ Къул Амиррэ жаIащ адыгэ литературэм и классикхэм я фэеплъ махуэхэм ирихьэлIэу пшыхьхэр, литературэ еджэныгъэхэр, зэпеуэхэр зэрырагъэкIуэкIыр, а псор анэдэлъхубзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ хъума хъунымкIэ зэрыщхьэпэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: