Борэжь и хъыбар

Хъыбар псоми зэрыжаIэмкIэ, КъардэнгъущI Зырамыкуи зэритхыжамкIэ, зауэлI хъыжьэу, зекIуэлI емызэшыжу щыт Борэжь и фызыр лIащ, зы къуэ закъуэ къыщIэнри. И къуэр къыдэкIуэтейуэ лIыпIэ щиувэм, и адэм ещхьу зекIуэлI хахуэ хъуащ, зэманыр зыIутыр арати, зауэлI фащэкIэ зихуапэри зекIуэлIу ежьащ. Ауэ Борэжь къишэжа фызымрэ и къуэмрэ зэмызэгъ, и кIэм зэтеплъэ мыхъу хъуащ. Фыз бзаджэм и мылъхукъуэм кIуэдыпIэ къыхуилъыхъуэу, улъэпхъащэу щIидзащ.

Борэжь и къуэр и пIэ зэриувэу, езыри жьы хъуати, IэщэгъэтIылъыж ищIауэ, мышэсыжу дэст. И къуэр зекIуэ кIуауэ къэту, фызым и дэлъхур къриджэри ечэнджэщащ, щIалэм кIуэдыпIэ къыхуэгъуэта зэрыхъунумкIэ.

- ЩIалэм и къэкIуэжыгъуэм ирихьэлIэу сэ сыкъэкIуэнщи, сыкъэджэнщ. Борэжь щIэсшынщи, Iуащхьэ пIалъэ къестынщи, сыIукIыжынщ. Ар Iуащхьэ пIалъэм екIуэлIэнщ. И къуэр къыщыблэкIыжкIэ къыхуэувыIэнкъым. ИтIанэ къэгубжьынщи, и къуэр езым и IэкIэ иукIыжынщ, набгъэ хъуа лIыжьым къыхуэмыцIыхуу, - жиIащ и дэлъхум. АбыкIэ зэгурыIуэри, фызым и дэлъхур кIуэжащ.

Борэжь и къуэм и къэсыжыгъуэр къыщыблагъэм, фызым и дэлъхур пщыхьэщхьэм къаджэри, лIыжьыр щIишащ. Пщэдей пщэдджыжьым Iуащхьэ пIалъэм екIуэлIэн хуейуэ къыжриIэри IукIыжащ.

А зэман жыжьэм зекIуэлIхэм я кум Iуащхьэ пIалъэр хабзэу щызекIуэрт. Iуащхьэ пIалъэ зратар емыкIуалIэмэ, ар икъукIэ лIыгъэншагъэу къалъытэрт. Iуащхьэ пIалъэ зратам ищIэртэкъым къаукIынуми е къагъэфIэнуми, тIум щыгъуэми екIуэлIэн хуейт, армырмэ емыкIушхуэт. Iуащхьэ пIалъэ къезытар къемыкIуэлIэжамэ, ауан къищIауэ арати, лIыхъужьыр абы нэхъ къэзыгъэгубжь щыIэтэкъым.

Борэжь жьы хъуауэ, IэщэгъэтIылъыж ищIауэ и унэ исыж пэтми, Iуащхьэ пIалъэ къыщратым, и гужьыр илъти, зызэфIилъхьэщ, и пщIэгъуалэшхуэм шэсри, Iуащхьэ пIалъэм екIуэлIащ. И пщIэгъуалэшхуэр илъахъэри иутIыпщащ. Езым и щIакIуэ щхъуантIэр иубгъущ, шэ бгъурыбгъуитIыр трикIутэри, къэкIуэнум пэплъэу Iуащхьэм тетIысхьэжащ.

Зыри къэмыкIуэу, езыри езэшу щыхуежьэм, бжеижьым и ласкIэр иупсу хуежьащ. Жэщ хъуху тесащ. Нэху щыху тесауэ, пщэдджыжь нэхущым пшагъуэ мащIэ къытрихуауэ, шы гуартэ къихуу зыгуэр блэкIащ. Абы и ужьым иту кIэс къихьу зы шу къэсащ. Ар щыблэкIым Борэжь абы еджащ. Пщэдджыжьыр жьыти, кIыфIзэхэтт, пшагъуэ мащIэт. Борэжь и къуэр къицIыхужакъым, и къуэми гукъэкI ищIакъым, и адэр къакIуэу а Iуащхьэм къытетIысхьэну. Шур къэмыувыIэу икIи къемыплъэкIыу щыблэкIым, Борэжь и шабзэр зэIуидзэри еуащ. КIэсыр зыхьу блэкIыж шур сэмэгурабгъумкIэ ирыригъэхьэхащ.

А зэман жыжьэм яукIа къудейкIэ зэфIэкIыртэкъым, атIэ и щхьэр къыфIахырти, джатэпэм фIэIуауэ къахьырт. Борэжь къриудыхам и щхьэр фIихыну щыбгъэдыхьэм, зи псэр хэкI щIалэр нэхъу-нэхъуу къеплъащ. Езы Борэжь абы еплъыжыпэмэ, и къуэ закъуэр арт.

 - Си адэжьурэ Борэжь, шыбэр къыпхуэсхурт, напэхум и дахэр кIэсу къыпхуэсхьырт, сыт щхьэкIэ сыбукIыжа? - жиIэри и къуэр лIащ.

КъэзыIуэтэжхэм ящыщ куэдым жаIэ, абы иужькIэ, и фызри абы и дэлъху Iуащхьэ пIалъэ къезытари Борэжь иукIыжауэ. Ауэ, псоми зэрыжаIэмкIэ, Борэжь къыщыщIа щIэщхъум щхьэкIэ, гугъуехьыр телъу зигъэлIэжыну, мащэ къитIащ, абы пыжь банэ папцIэ жанхэр ирилъхьэри хэгъуэлъхьэжащ, уэрэдри абы щиусащ, жаIэ.

Борэжь и Iуэхур псоми зылъащIысауэ, лъэныкъуэ псомкIи къикIыурэ лъэIуакIуэхэр къыхуэкIуэрт, ауэ мащэм къахуикIыжыртэкъым. ИкIэм, Борэжь и хъыбарыр зэхихри, зы фызыжь цIыкIу къэкIуащ:

 - А лIыжь мыгъуэ, улIкъэ, пащIэ птеткъэ? Банэм ухэлъу мы мащэм щхьэ уилъ? - жиIащ фызыжь цIыкIум.

- Сэ нэхърэ нэхъ лей зылъыса щыIэкъым, мы мащэм зизгъэлIыхьыжынущ, - жиIэ пэт:

- Уэ нэхърэ нэхъ лей къысщыщIауэ, итIани сыпсэууэ дунейм сытетщ, уэ ущIэмыпсэунур сыт? - жиIэри фызыжь цIыкIум къехъулIа бэлыхьыр къиIуатэу щIидзащ:

- Сэ сабиищ сиIэт, зэшхуэ-зэесу. Зыр шкIэхуж хъурт, етIуанэр лъэкIэ зекIуэрт, ещанэр - гущэхэлът. Махуэ гуэрым я адэр шууэ мэлым кIуэри, и быным яригъэшхыну щынэ къихьри къэкIуэжащ. Шыр шы фIэдзапIэм фIидзэри, иутIыпщмэ, щIэпхъуэжынути, сэ къыщIызигъэхри щынэр фIигъэжащ. Си щIалэ нэхъыжь цIыкIур шкIэхуж дэкIати, хъунщIакIуэ гуп кърихьэлIэри, япхъуатэри ежьэжащ. «Хьэхьей, яхь» щыжаIэм, си лIым сэр щынэ фIигъэжам трилъхьэри, шым зридзри якIэлъыщIэпхъуащ. Сэри си бын яхьырти, сакIэлъыдэжащ. Си лIыр якIэлъызэрыхь щыхъум, къеуэри къаукIащ. Абы и хьэдэр къэтхьыжу дыкъыщыдыхьэжам, «дадэ щынэр мыпхуэдэу фIигъэжащ» жиIэри лъэкIэ зекIуэм гущэм хэлъыр фIигъэжауэ дыкърихьэлIэжащ. Ар щыслъагъум зызмыщIэжу сыкIиящ. Си кIий макъым къигъэщта сабийр щIэпхъуэри псым хэпкIащ, щхьэл хьэкхъуафэм дихьэри, деIэ-депхъуэ щхьэкIэ мыхъуу, тфIитхьэлащ.

Щхьэмыгъуэжьу си закъуэ сыкъэнауэ сыпсэуурэ, зы тэлай дэкIауэ, аргуэру шкIэхуж мыгъуэжьым сыдэкIауэ, а хъунщIакIуэ гуп дыдэр къысхуэзэри, сэри сахьащ. Сыздахьам зы щIалэ мытIырыфI дэтт. Ар пщылIу, сэ сыунэIуту дыщытурэ, щIалэр къысхагъэхьэжыну унафэ ящIащ. Унафэр унафэт - дэ зыми дыхуиттэкъым. ЩIалэр пщыхьэщхьэм къыщIыхьэжу зыщитIэщIым, и щхьэ щIыбым телъ дыркъуэм гу лъыстэри сеупщIащ. Ар щыцIыкIум шыуан IупщIакIэм техуэри ириупщIауэ арат. Си къуэр арауэ къыщIэкIыу, къекIуэкIа псори щыжесIэм, хы Iуфэм дыIусти, «мы дунейм къыщызгъэщIэжынум сыхуейкъым!» жиIэри хым зыхидзэри зригъэтхьэлэжащ. Сэри къысщыщIа псори щажесIэм, хуит сыкъащIыжри сыкъэкIуэжауэ сопсэу. Уэ зэрымыщIэкIэ къыпщыщIа щIэщхъум щхьэкIэ, зыщIэбгъэлIэжынур сыт? - фызыжь цIыкIум щыжиIэм, Борэжь мащэм къикIыжри, абы и ужькIи зыкъомрэ псэужауэ жаIэ.

Зеикъуэ и Iэгъуэблагъэм, Бахъсэн и ижьырабгъу лъэныкъуэм, бгы щыгум, Жансэхъухэ щыпсэуа Афэбгымрэ Щоджэнокъуэхэ щыпсэуа бжьэпэмрэ я ищхъэрабгъукIэ бжьэпэм километр 15 хуэдизкIэ къихуэу пыIудзауэ, хэкужьым Борэжь щыпсэуащ, и хьэдэр зыщIэлъ Iуащхьэри абдежым тетщ. Ар илъэс 400-500 ипэкIэ къэбэрдей пщыжьхэм хуащIу щыта Iуащхьэхэм хуэдэу инщ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: