Трошев Геннадий ящыгъупщэркъымКъэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, Армавир къалэм Дзюдомрэ самбэмкIэ и комплексым урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. СамбэмкIэ зэпеуэр щытащ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Трошев Геннадий и фэеплъу. Я хьэлъагъ елъытауэ бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр, илъэс 16 - 18 зи ныбжьхэр, гупибгъуу гуэшауэ щытащ, псори зэхэту 200-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу абы щыбэна щIалэхэм ящыщу щым медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ. Килограмм 64-рэ зи хьэлъагъхэм я деж Шыкълъашэ Елдар дыщэ медалыр къыщихьащ. Соблыр Атмир апхуэдэ дыдэ ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ килограмм 71-рэ хъухэм я деж. Бэждыгъу Аскэр дыжьын медаль къыщихьащ килограмм 64-рэ хъухэр зыхэт гупым. Ди щIалэхэм я тренерщ Ким Русланрэ ГъущIапщэ Самиррэ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
|