Тренер цIэрыIуэр ящымыгъупщэу

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэ, Лобжанидзе Владимир и фэеплъу къызэрагъэпэщауэ. Абы щызэпеуащ илъэс 12 - 14 зи ныбжь бэнакIуэ цIыкIухэр.

Зэхьэзэхуэм хэтащ «Арена» спорт еджапIэм и гъэсэнхэр икIи хъарзынэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Уэртэн Расимрэ (кг 52-рэ) ХъуэкIуэн Ильхамрэ (кг 57-рэ) дыщэ медалхэр къахьащ. Кумыщ Ислъам етIуанэ хъуащ (кг 57-рэ). ТIэхъу Идаррэ (кг 32-рэ) Бекъул Тамерланрэ (кг 41-рэ) – ещанэщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр игъэпажащ медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмкIэ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: