ЗэкIуий Азэмэт етIуанэщ

Дагъыстэным и Хасавюрт къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и бэнакIуэ цIэрыIуэ Умаханов Щамил.

Зэхьэзэхуэм хэтащ къэрал 17 къикIа спортсмен 204-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу абы щыбэна ЗэкIуий Азэмэт зыхэта гупым (кг 97-рэ) етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. ЩIалэм и тренерыр ЗэкIуий Арсенщ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: