Анэр нэм хуэдэщ

ЩэкIуэгъуэм и 26-м Урысей псом щагъэлъапIэ Анэм и махуэр. Хуабагъэ нэрымылъагъу зыщIэлъ, цIыхупсэр зыгъэгуфIэ ­махуэщIыр илъэс къэс тохуэ дызэрыт мазэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм. Абы ирихьэлIэу дэтхэнэ зыри хущIокъу и анэм ехъуэ­хъуну, быдэу IэплIэ иришэкIыну, тыгъэ гуапэ ­хуищIыну. Сабий садхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ гулъытэ хэха щыхуащI абы, концерт зэмылIэужьыгъуэхэр щрагъэкIуэкI, я анэхэм я гуапэ ящIу. 

МахуэщIым и мыхьэнэр, и фIэщыгъэми къызэригъэлъа­гъуэщи, гурыIуэгъуэщ. Ар зэрыщыту хуэгъэпсащ анэхэм, абы къытхуащIэр къызэрыдгурыIуэр наIуэ ящытщIу дахуэгуэпэным. Хабзэ дахэу къокIуэкI а махуэм анэхэм псалъэ дахэхэр яжеIэныр, дунейм дыкъызэрытрагъэхьам, зыхуей дыхуагъазэу дызэ­рапIам, гъащIэ гъуэгум дызэрытрагъэувам, цIыху хэтыкIэ, псэу­кIэ тщIэуэ дызэрагъэсам папщIэ. 
Анэм и махуэр ди къэралым гъэлъэпIэн щыщIадзащ 1998 гъэм. Ар гъэувын хуейуэ къыхэзылъхьар ЦIыхубзхэм, унагъуэмрэ ­щIалэгъуалэмрэ я IуэхухэмкIэ Къэрал Думэм и комитетырщ. Зэрызыхуагъазэ тхыгъэм итт дэтхэнэм и гъащIэми анэм щIыпIэ ин зэрыщиубыдыр, мыхьэнэшхуэ зэрыщиIэр махуэщIым къы­хэщын зэрыхуейр. 
Къапщтэмэ, Анэм и махуэр гъэлъэпIэным теухуа унафэр къэ­ралым къимыщтэ щIыкIи ар щыIащ, зи жэрдэмри Баку щыщ егъэджакIуэт. Япэу ар щаIэтауэ къалъытэр 1988 гъэрщ, я лэ­жьэгъум и гукъэкIыр даIыгъри, илъэс къэс школ куэдым щагъэлъапIэу хуежьат. 
Унагъуэм и махуэ дахэр школхэмрэ сабий садхэмрэ щагъэ­лъапIэ хабзэщ. Нэхъ пасэу яужь ихьэу ягъэхьэзыра IэрыщI хьэпшып цIыкIухэмкIэ ягъэгуфIэ махуэшхуэм хуагъэпса кон­цертым къекIуэлIа анэхэмрэ анэшхуэмрэ. Интернетыр куэду ­къагъэсэбэп щыхъуа ди зэманым флешмоб зэмылIэужьы­гъуэхэри ирагъэкIуэкI, сабийхэр гъэсэным телажьэхэм хуагъэ­фащэ къэрал дамыгъэхэри а махуэм Iэрагъэхьэж. 
«Анэр нэм хуэдэщ» жиIакъэ адыгэ псалъэжьым. Апхуэдизу къыпхуэгумэщIэн, къохуэбылIэн, зыкIи къомыфыгъуэн цIыху ­дунейм теткъым. Ар быным псэкIэ зыхащIэну, я анэхэм я пащ­хьэ жэуаплыныгъэшхуэ зэрыщахьыр къагурыIуэну аращ махуэщIым и къалэн нэхъыщхьэри, зыщывмыгъэгъупщэ! 
УсакIуэ куэд тетхыхьащ анэм. Абыхэм ящыщ зыщ Мыкъуэжь Анатоли. Анэм и гум, и псэм щыщIэр, и быным тегужьеикIауэ и гъащIэр зэрихьыр адыгэбзэ къабзэкIэ, гупсысэ шэщIакIэ, зэгъэпщэныгъэ дахэкIэ «Анэ» усэм къыщиIуэтащ абы.  

 

Анэ

ГъащIэр ехь 
И быным тегужьеикIауэ: 
Жьыр къепщамэ,
ФIощI ирихьэжьэн.
Къытехъуам уэлбанэ,
Унэм ар щIэкIауэ,
Псыдзэм ихьын фIэщIу 
Ныпежьэнщ.

Химыгъэхьэ жэщым,
Химыгъэхьэ щIыIэм -
ФIощIыр псоми 
Зыгуэр къращIэн…
Дыгъэ закъуэрщ анэм
Дзыхь зыхуищIу щыIэр:
А тIум зэщхьщи аращ 
Я хьэл-щэн. 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: