Анэхэр ягъэлъапIэ

Анэм и махуэм теухуауэ ­КъБР-м и Правительствэм Iуэхугъуэ гуапэ щекIуэкIащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэ­тащхьэ КIуэкIуэ Казбек и Уна­фэкIэ, «Анэм и щIыхь» медалыр хуагъэфэщащ бынитхурэ нэхъыбэрэ зыпI бзылъхугъэ 21-м. Абыхэм щехъуэхъум, республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ цIыхум дежкIэ нэхъ лъапIэ дыдэу щытыр анэр зэрыарар икIи абы­хэм жэуаплыныгъэшхуэ яхэ­лъу я щIэблэм гугъу зэрыздрагъэхьыр.
- Анэхэращ унагъуэхэм насып, гуапагъэ изылъхьэр. Ахэращ зи IэмыщIэ илъыр ди щIэблэр узын­шэу, губзыгъэу къэхъуныр, ди республикэр, къэралыр езыгъэ­фIэкIуэн къащIэхъуэныр. Сы­хуейт дэтхэнэ зы анэми жесIэну фIыщIэ зэрыхуэсщIыр, гущIэгъу зэрахэлъым, махуэ къэс зыпэ­-рыт IэнатIэ мытыншым зэры­пэ­лъэ­щым папщIэ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Псом хуэмыдэу нобэ псалъэ гуапэхэр яхуэгъэзащ сабий куэд зиIэхэм, зыгъасэхэм. Абыхэм я къалэныр гугъуми, нэ­рылъагъущ бынунагъуэшхуэм къы­щыхъухэм хьэ­лыфI­хэр яхэпща зэрыхъур - гущIэгъу, зэхэ­щIыкI, нэхъыжьым пщIэ хуэщIын, нэхъыщIэм хуэсакъын, зэкъуэ­тын жыхуэтIэхэр. Жылагъуэр лъэ­рызехьэ зыщIыр апхуэдэ гъэсэкIэрщ, хабзэфI­хэрщ. Дэтхэнэми икъукIэ пщIэ­ш­хуэ худощI. Иужьрей илъэсхэм бынуна­гъуэшхуэхэм къэралыр зэрыдэ­Iэпыкъу Iэмалхэр куэд ды­дэ ­хъуащ, фэтэр къыщащэхум банкым къыщащта щIыхуэр яхуэп­шыныжынымкIэ щIэгъэ­къуэн ­хъунри яхэту. Къыхэзгъэ­щыну сыхуейт нэгъабэ «Анэ лIыхъужь» цIэ лъапIэр къызэрыдэтхыжари. КъищынэмыщIауэ, Урысей Фе­де­рацэм и Президент Пу­тин ­Владимир иджыблагъэ Iэ щIи­дзащ 2024 гъэр Унагъуэм и илъэсу зэрагъэувым. 
КIуэкIуэр тепсэлъыхьащ бын­унагъуэшхуэхэм защIэгъэкъуэ­ным тещIыхьауэ республикэм щра­гъэкIуэкI Iуэху щхьэхуэхэми. Абыхэм ящыщ зыщ «Анэм и щIыхь» медалыр щраткIэ, уна­гъуэм къыщыхъу сабий къэс сом мин 30 зэрыратыр. Мы гъэм ягъэ­лъапIахэм яхэт, Нарткъалэ дэс Хадарцевэ Инессэ бын 11 зэ­ри­пIым къыхэкIыу, ахъшэм къы­дэ­кIуэу, автобус цIыкIу иратащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым жыджэру дыщолэжь егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, спортымкIэ IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным, сабий творчествэмкIэ IуэхущIапIэхэр къызэIудох. Абыхэми елъытащ унагъуэхэр зэIузэпэщу псэуныр. Дя­пэкIи бынунагъуэшхуэхэм защIэдгъэкъуэныр, ди щIэблэм зэрызаужьын Iэмалхэм елэ­жьы­ныр, узыншэу, насыпыфIэу, губзыгъэу, жэуап яхьыфу, Хэкум хуэфащэу къэгъэхъуныр ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу щы­тынущ, - пищащ КIуэкIуэм. 
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ мы зэманым Украи­нэм щекIуэкI дзэ Iуэхухэм хэтхэм я бынхэми гулъытэ хэха зэры­хуащIынур. «Къэрал дэIэпыкъу­ныгъэ щыIэхэр абыхэм зыхащIэн папщIэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым. Щхьэхуэу фIыщIэ яхуэс­щIыну сыхуейт лIыгъэрэ хахуа­гъэрэ яхэлъу нобэ зи Хэкур зы­хъумэ ди щIалэхэр зыгъэсахэм. Дэтхэнэ бзылъхугъэми пщIэрэ щIыхьрэ хуэфащэщ: унагъуэ Iуэхум и закъуэкъым фэ фы­зыхунэсыр, ехъулIэныгъэ фиIэу республикэм и IэнатIэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэми фи гуащIэ хыволъхьэ, цIыхубэм зывогъэужь», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Бынитху зыпI Луговая Марие республикэм и Iэтащхьэм фIы­щIэ щыхуищIым къыхигъэщащ къыхуащIа гулъытэр зэращымыгъупщэнур. «Дэтхэнэри дыху­щIокъу Хэкум хуэфащэн щIэблэ зэрыдгъэсэнум. ЗэрытхузэфIэкI­кIэ ди бынхэм яхыдолъхьэ щIэ­ныгъэри, я лъахэр фIыуэ ялъэ­гъунри, ди лъэпкъ хабзэхэр ящIэнри. ЩIыналъэ унафэщIхэм зыкъызэрытщIагъакъуэм мы­хьэ­нэшхуэ иIэщ. Анэхэр, унагъуэхэр щагъэлъапIэ Iуэхугъуэхэр иужь­рей зэманым куэду ирагъэ­кIуэкIри, ди къэкIуэнур дахэ зэ­рыхъунум ущегъэгугъ. ЩIыналъэ унафэщIхэм фIыщIэ фхудощI фыкъызэрытхуэсакъым пап­щIэ», - жиIащ абы.  
- КъБР-м и Iэтащхьэм, ди Правительствэм, район унафэщIхэм я жэрдэмкIэ нобэ дызэрагъэ­лъапIэм ди дежкIэ уасэ иIэкъым. Псом хуэмыдэу Анэм и махуэм ирихьэлIэу апхуэдэ гулъытэ къып­хуащIыныр гуапэ дыдэщ. Бзылъхугъэхэм псоми сехъуэхъуну сыхуейщ я бынхэм я ехъу­лIэныгъэ куэд ялъагъуну, узын­шэну, дыщIэукIытэн къахэмы­кIыу ди щхьэр лъагэу дэзыгъэIэтын щIэблэ диIэну. Аращ анэм дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэр, - жиIащ Те­мыржан Жанеттэ. Бзылъхугъэм щхьэгъусэхэми фIы­щIэ яхуи­щIащ, ахэр щIэгъэ­къуэну ямыIамэ, яхузэфIэкIыныр зэрымащIэр къыхигъэщу. 
ФIыщIэ псалъэхэмкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм зыхуагъэзащ Хадарцевэ Инессэрэ Шыбзыхъуэ Залинэрэ. 
- Нобэ «Анэм и щIыхь» дамыгъэр зыхуэдгъэфэща дэтхэнэми сынывохъуэхъу. Си гугъэмкIэ, сыт хуэдэ анэм дежкIи и дамы­гъэ нэхъ лъапIэ дыдэр и быным зыхищIыкIынырщ, абы и ехъу­лIэныгъэхэр илъагъунырщ. Аращи, фи щIэблэм фи гум ежэлIэн зэи къывжамыIэну, фагъэгушхуэ зэпыту фыпсэуну си гуапэщ. Къэралым и гулъытэр нэхъыбэу зытриухуэр унагъуэхэращи, абы­хэм ехьэлIа Iуэхухэр адэкIи едгъэфIэкIуэнущ, - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: