Туристхэр къызэрырагъэблэгъэнум зыхуагъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Щхьэгъэпсо Аслъэнбий иджыблагъэ къызэрыхигъэщамкIэ, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ курортхэр хуэхьэзырщ илъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм.

«ИлъэсыщIэр къыщихьэкIэ махуэ зыбжанэкIэ зэкIэлъыкIуэу загъэпсэхуну Iэмал яIэщ ди къэралым и цIыхухэм. Дэри гулъытэшхуэ худощI турист кIуапIэ хъуа ди щIыпIэхэр абы хуэгъэхьэзырыным. Ди Iуащхьэмахуэм и дахагъэм ахэр зыIэпешэ, икIи ди деж нэхъыбэу къакIуэр лыжэкIэ, сноубордкIэ бгым къежэхын зыфIэфIхэмрэ зи нэгу зезыгъэужьыну хуейхэмрэщ. ИкIи ахэр тыншыпIэ псомкIи къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ идот.

Дыщогугъ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм ди хьэщIэщхэм я процент 80-м туристхэр къытхуеблэгъэну. Языныкъуэхэм пэшхэр бэджэнду къащтэ ди деж къэкIуэным иджыри зэманыфI иIэу, языныкъуэхэми, зэрыжаIэу, иужьрей дакъикъэхэм траухуэ. Абыхэм яхэтщ лыжэкIэ къыщыбжыхь хъуну зэманыр и кIэм нэсыхукIэ, гъатхэпэ мазэм нэблэгъэхукIэ, ди деж щыIэну къакIуэхэри», - къыхигъэщащ Щхьэгъэпсом.

Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ хьэщIэщхэм псори зэхэту зэуэ яхущIэгъэтIысхьэнущ цIыху миниблым нэблагъэ.

ХьэщIэхэр къызэрыкIуэнум ди щIыналъэр сыт щыгъуи хуэхьэзырщ. Туристхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным теухуауэ республикэм и ведомствэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI. Абы хохьэ МЧС-р, МВД-р, КъБР-м ГъуэгумкIэ и управленэр, нэгъуэщIхэри.

Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщызыгъэпсэхуну къакIуэхэм я бжыгъэм нэхъри къыхэхъуэмэ, абыхэм щхьэкIэ машинэ гъэувыпIэхэр щхьэхуэу къызэрагъэпэщынущ, 3500-м щIигъу ихуэн хуэдэу. Абыхэм якIэлъыплъынущ, зыхуэныкъуэхэмкIи ядэIэпыкъунущ ГИБДД-м и лэжьакIуэхэр.

БЭВЫКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: