ПсынщIэу зызыужь къалэ

Урысейм щыпсэухэм 2023 гъэм нэхъыбэу зыщагъэпсэхуну яфIэфIу къыхаха къэралхэм япэ увыпIэр зыIыгъыр, адрей илъэсхэми хуэдэу, Тыркурщ. Абы къыкIэлъокIуэ Египетыр. Ещанэ увыпIэр яIыгъщ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм. Иужьрейм хиубыдэ Дубай къалэм нэхъыбэу зыщызыгъэпсэхухэм я бжыгъэмкIэ ди къэралым етхуанэ увыпIэр иIыгъщ - Оманым, Сауд Хьэрыпым, Индием, Великобританием я ужькIэ. 2022 гъэм и кIэм къапщытэжауэ зэрыщытамкIэ, Урысейм щыщу Дубай зыщызыгъэпсэхуар цIыху мин 758-рэ хъурт.

Абы апхуэдизкIэ зиужьащи, уи нэкIэ плагъур уи фIэщ щыпхуэмыщI, псалъэкIэ къыщыпхуэмыIуатэ къохъу. Ар зэдгъэлъагъуну мы гъэм дэри Iэмал диIащи, «Дауэ къуму щыта щIыпIэм лIэщIыгъуэ ныкъуэм къриубыдэу мыпхуэдэ зыужьыныгъэ зэригъуэтар?» - уи щхьэм къыпхуигъэтIасэркъым ар. Къэбгъэлъагъуэмэ, мы зэманым абы и зыужьыкIэр Шанхай хуагъадэ, хьэпшыпу къашэмрэ ящэжымкIи ещанэ увыпIэр иIыгъщ, Гонконгрэ Сингапуррэ я ужькIэ.

1799 гъэм мыбдеж цIыху 1200-рэ къудейщ исар. 2020 гъэм къызэрабжамкIэ, абы цIыху 3 331 420-рэ щопсэу. Иджыпсту мы къалэр Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, къапщтэмэ, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум я сатум, финанс, туризм IуэхухэмкIэ мыхьэнэшхуэ зыIыгъ щIыпIэщ. Мыбдеж банкымрэ щIыдагъэмрэ уи хьэрычэт Iуэхур емыпхамэ, цIыхум и хэхъуэм налог тралъхьэркъым.

Къэбгъэлъагъуэмэ, ОАЭ-м псори зэхэту цIыху мелуани 9-м нэблагъэ щопсэу, абы щыщу щIыдэлъхур процент 15-м тIэкIущ щIигъур. Адрейхэр Азиемрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ къикIауэ мыбы щылажьэхэрщ. Мы щIыналъэм ущымыщмэ, сыт хуэдиз илъэскIэ ущымыпсэуами, ущымылэжьами, и цIыху уищIынукъым, пенсэ къуитынукъым. Ауэ езым и цIыхум щхьэкIэ псори пщIэншэщ, зэрыжаIэу, медицинэри егъэджэныгъэри. Апхуэдэуи унагъуэ хъуам унэ щиухуэкIэ, япэу машинэ къыщищэхукIэ процент темылъу ахъшэ ирет. Абы и хэхъуэр, псори дызэригугъэм хуэдэу, щIыдагъэм и закъуэкъым къезытыр. Къапщтэмэ, мы зэманым абы иубыдыр щIыналъэм къилэжьым и проценти 5,8-рэ къудейщ. Туризмэм къыхуехь хэхъуэм и процент 11,7-рэ, промышленностым - процент 28-рэ. Бюджетым хэхъуэ нэхъыщхьэр къыхуэзыхь IэнатIэхэм ящыщщ сатур, хамэ къэрал щыщхэм унэ зэрарищэм, къищынэмыщIауэ, къуэдыхэр ткIийуэ зэрызэхуихьэсым. (Абы и зы щапхъэщ: мэжджытым дыщыдыхьэм чэнджэщ къызэрыдатамкIэ, къэралым щыпсэу цIыхум и арэзыныгъэ хэмылъу сурэт е видео тепхмэ, дирхам мини 10 зэрыуагъэпшынынур, нэхъыкIэжращи, махуищкIэ тутнакъэщым урагъэсынри хэлъщ). Апхуэдэуи Дубай къалэм къыщызэрагъэпэщ мылъкушхуэ зытрагъэкIуадэ Iуэхугъуэхэр («Формула 1»-м и зы Iыхьэр щрагъэкIуэкI, доллар мелуани 4 ахъшэ саугъэту щрат дунейпсо шыгъажэшхуэр, нэгъуэщI спорт, щэнхабзэ зэхыхьэ инхэр). Абыхэм къэрал куэдым къикIыу цIыхухэр къокIуалIэ, къалэм хэхъуэ къыхуахь, къелэжьыж. А псор илъэс 30-м къриубыдэу зэтезыухуэфа шейх Зайд («Лъэпкъым и адэкIэ» зэджэм), уеблэмэ курыт щIэныгъэ ирикъуу иIакъым, ауэ дуней псом пашэ нэхъ Iущ дыдэхэм ар ящыщ хъуат. Хамэ къэрал IэщIагъэлIхэр къригъэблагъэурэ егъэджэныгъэри, медицинэри, ухуэныгъэри къиIэтащ, нобэ тлъагъу зыужьыныгъэр, шэч хэмылъу, хьэрыпхэм къахуэзыхьар аращ.

  Псори зэгъэкIуауэ, зэфIыхьауэ уеплъыну тыншщ, гухэхъуэщ, ауэ Дубай и Iуэхухэр сыт щыгъуи апхуэдэу фIыуэ щыта жыпIэмэ, дауи, щытакъым. Къаргъейрэ щакIуэхьэкIэ яшхыныр къаугъуейуэ, зэфэну псыр къэкIыгъэ лъахъшэ цIыкIухэм нэхущым ткIуэпс-ткIуэпсу къыпахыу арат. Илъэс миным къриубыдэу Дубай зэрыпсэууэ щытар бдзэжьей ещэнымрэ хым налкъут къыхэхынымрэт. Иужьрейм щIалэ цIыкIухэр сабий дыдэу хуагъасэу щIадзэрт. Абы щыгъуэм узэрыбауэ Iэмэпсымэхэр щыIэтэкъыми, сыт хуэдизу бауэкIэр яIыгъыфу зрамыгъасэми, псым хыхьэ 18-м щыщу 11-р къыхэкIыжмэ, ар ехъулIэныгъэшхуэу арат. Ауэ 1929 гъэм Японием и заводым налкъутыр IэрыщIу къыщыщIагъэкIыу хуежьэри, хым къыхах налкъутым уасэ иIэжакъым. ИужькIэщ, 1966 гъэм, къэхутакIуэ Жак Ив Кусто а щIыпIэм щIыдагъэ къыщигъуэту зыужьыныгъэм щыщIидзар…

Дубай иужьрей мардэхэм тету щаухуа архитектурэм, абдж зэщIэлыдэу дращIея ухуэныгъэхэм, шэч хэмылъу, укъагъэуIэбжь. Мыбы щыIэщ дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэ ухуэныгъэр - «Бурдж-Халифа» зыфIащар. Ар 2010 гъэм къызэIуахащ, метр 828-рэ зи лъагагъ унэр къати 163-уэ зэтетщ. Мы ухуэныгъэм лифт 57-рэ иIэщ, япэ къатым къыщыщIэдзауэ ищхьэм унэсыным медан 55-рэ ихьу аращ. Дэ 124-нэ къатым дыдэкIуеину мурад тщIати, пэжыр жысIэнщи, лифтыр иджыри емыжьа къысфIэщIащ дыщынэсам. Ар Iэуэлъауэншэщ, ауэ, зэрыжысIауэ, псынщIэIуэу зокIуэри, тхьэкIумэр еубыд, егъэву. А тIэкIур зыхуэбгъэшэчмэ, лифтым укъызэрикIыу узыIуплъэр къэIуэтэгъуейщ. Дыгъэр къухьат абы дыщыдэкIуеям, икIи Дубай къалэр уи Iэгум илъым хуэдэу зэрызэщIэлыдэр тлъагъуну ди насып къихьащ. Ар нэхъ телъыджэу къыпщегъэхъу щIым нэсу хагъэува абджхэм гъунэгъуу уекIуэлIа нэужь. 2004 гъэм къыщIадзауэ щыта мы ухуэныгъэм зэращIам и гугъу пщIымэ, зэратхымкIэ, зы тхьэмахуэм и кIуэцIым зы къат е къатитI дращIеят (махуэ къэс цIыху мин 12-м нэс елэжьу). КъыкIэлъыкIуэу мы къалэр зэрыцIэрыIуэр «Бурдж аль-Араб» хьэщIэщырщ - нэхъ къулей дыдэу къызэгъэпэщахэм хабжэр. Абы декIуэлIэну Iэмал диIакъым, иджыпсту ухуэныгъэшхуэхэр и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIырти. Къапщтэмэ, Дубай иджыпстуи ухуэныгъэхэр къыщыувыIакъым, уэрамыщIэхэр, хьэблэщIэхэр, унэ лъагэхэр псынщIэу зэращIыр дэнэкIи щыболъагъу.

Дубай макъамэ зыщIэт и псыутхми нэхъ ин икIи нэхъ лъагэ дыдэу зызыIэт щыIэкъым (псыр метри 150-кIэ докIуей). Ар пщыхьэщхьэ къэс сыхьэти 7-м щIагъанэри, дакъикъэ 20 къэс и дахагъэм цIыхухэр хегъаплъэ. Дунейм и океанариум нэхъ ин дыдэхэм ящыщри «Дубай» сату-зыгъэпсэхупIэм хэту ящIащ. Абы бдзэжьей лIэужьыгъуэу мин 35-рэ хэсщ. А сату IуэхущIапIэри дунейм щынэхъ ин дыдэхэм ящыщщ, мызэ-мытIэу дгъэунэхуащ абы къыщыпкIухьын къудейм махуэ псо зэрихьыр.

Нэрылъагъу зэрытщыхъуащи, мы эмиратым и унафэщIхэр хущIокъу сыт и лъэныкъуэкIи псоми зэрефIэкIыну Iэмалхэр къагъэсэбэпыным. Уэрамхэм я къабзагъэм и гугъу умыщIыххэ. Сэ гу лъыстакъым уэрамхэм кIэрыхубжьэрыху идзапIэхэр тету, ауэ зыгуэр хыфIадзауи плъагъунукъым. Хабзэхэр мыбы зэрыщыткIийра, хьэмэ щэнхабзэ ин яхэлъ?! Хэт ищIэрэ, ауэ псэукIэр зэIузэпэщу зэтеублащ.

2009 гъэм Дубай метро къыщызэIуахащ, абы и гъэщIэгъуэнагъыр электромафIэгум цIыху зэрыдэмысырщ, езыр-езыру зекIуэу зэрызэтраухуарщ. Гу лъыттащ цIыхубзхэм я вагонхэр зэрыщхьэхуэм. Ахэм я лъэгур тхьэмбылыфэу лащ. Вагонхэм ущышхэ, ущефэ, сагъыз щыбгъэныщкIу хъунукъым - къуэдыуэ дирхами 100 (сом мини 2-м щIегъу) пIахынущ, тутын щефэу къалъагъумэ, дирхам - 200, цIыхубз вагоным итIысхьа цIыхухъум дирхами 100 итынущ.

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм хиубыдэ Абу-Даби, Шарджэ, Дубай къалэхэр хабжащ дунейм щынэхъ шынагъэуншэ дыдэ къалэхэм ящыщи 10-м. Дубай щIэпхъаджагъэу щалэжьыр мащIэ дыдэщ. ЗэрыжысIауэ, хабзэхэр зэрыткIиймрэ гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ километритI къэс къэзыпщытэ Iэмэпсымэхэр фIэлъу зэрыкIэлъыплъымрэ арагъэнщ.

ГъэщIэгъуэныщэщ къумым къэкIыгъэхэр къызэрыщагъэкIыфари. Ауэ мыбдеж хуабэщхэм я лэжьыгъэри щызэтраублащ, хадэхэкIхэри пхъэщхьэмыщхьэхэри езым къагъэкIыжу. Нэр здынэплъысыр псори удз гъэгъауэ Дубай жыг хадэшхуэхэри иIэщ. Крик бухтэм пэмыжыжьэу яухуа «Крик-Саид» жыг хадэр унэ яхуэхъуащ Iэпхъуэ къуалэбзу куэдым, абыхэм лъакъуапцIэплъыфэри (фламинго) яхэту. И зэманым а къуалэбзум хуэдэ мин 27-м щIигъу абы къокIуалIэ. Удз зэщIэгъагъэхэм я лъахэр щыIэщ «Dubai Miracle Garden» зыгъэпсэхупIэм. Илъэс къэс абы еплъыну цIыху зы мелуаным щIигъу макIуэ. КъэкIыгъэхэр зэи гъужыркъым, щIыщIагъкIэ ткIуэпс-ткIуэпсу псыр зэпымыууэ щIэлъадэу къызэрагъэпэщащи.

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэ сыт хуэдэри сэбэпщ, псалъэм папщIэ, 2012 гъэ лъандэрэ тыкуэнхэм пластик къыщамыгъэсэбэпу ящIащ, абы и пIэкIэ тхылъымпIэм, жгутым е нэгъуэщIхэм къыхэщIыкIа къэлътмакъхэмрэ къэп цIыкIухэмрэ хьэпшыпыр иралъхьэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: