Илъэс лэжьыгъэр яубзыху

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэ зытет Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ республикэм илъэсым къриубыдэу къэкIыгъэ лIэужьыгъуэу щыхасэнур зыхуэдэхэр, абыхэм хухахыну щIыпIэхэр убзыхуныр.

Псалъэм папщIэ, гулъытэ нэхъыбэ ират хабзэщ щIыналъэм фIыуэ къыщыкI, щIэупщIэ зиIэ гъавэхэкIхэм - гуэдз, нартыху сыт хуэдэхэм. Абы нэмыщI, зы къэкIыгъэ лIэужьыгъуэр зэкIэлъыпыту илъэситI-щыкIэ зы щIыпIэм щыхамысэным яужь итщ, гъавэм и фIагъымрэ и бэвагъымрэ кIэрымыхун папщIэ. Апхуэдэу щIым чэзукIэрэ зрагъэгъэпсэху, къэкIыгъэхэр зэрызэблахъум къыщымынэу, щIыпIэ хэхахэм гъавэ щытрамысэххэ илъэсхэри къыхэхуэу.

ДызыхуэкIуэ 2024 гъэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм гъавэм псори зэхэту ирагъэубыдынущ гектар мин 281-м щIигъу, абы щыщу гъатхасэм хухахынущ гектар мин 211-р.

Министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, гъатхасэм зыхуагъэхьэзыру бжьыхьэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр хъарзынэу зэфIагъэкIащ, псалъэм къыдэкIуэу, гектар мини 120-рэ щIыуэ зэрагъэдзэкIащ.

Абы нэмыщI, Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ, ерыскъымрэ щIы зэхущытыкIэхэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, куейм и мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэ лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсащ.

ЩIыпIэ мэкъумэшыщIэхэм бжьыхьэсэ гуэдзыр тращIащ гектар 2755-м, хьэр гектар 274-м, рапсыр, куейм щыяпэу, - гектар 461-м. Псори зэхэту бжьыхьэсэм ирагъэубыдащ гектар 3490-рэ.

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться: