Зи гъуэгуанэр щIыхь пылъу зыкIу

 

Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми я адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я къалэмыпэм къыщIэкI тхыгъэхэр сытым дежи япэу къызытехуэу щыта, иджыпстуи а къалэным зэрыхуэпэжыным пылъ «Iуащхьэмахуэ» литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ журналыр мы гъэм илъэс 65-рэ ирикъуащ. Абы и тхыдэм дриплъэжу, лъэпкъ интеллигенцэм щыщхэм къазэрыщыхъур, щIэджыкIакIуэхэм журналым и напэкIуэцIхэм щалъагъуну зыхуейхэр зэхэдгъэкIыу тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къытеддзащ. А хабзэфIым къыпысщэу сыхуейщ «Адыгэ псалъэ» газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм естыну илъэс плIыщIым щIигъукIэ редакцэм щылэжьа, абы и редактор нэхъыщхьэм и къалэнхэр илъэс зыбжанэкIэ зыгъэзэщIа, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф (къытхэтыжкъым, и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!) 2013 гъэм дэсщIауэ щыта интервьюм щыщ Iыхьэ.   

- «Iуащхьэмахуэ» журналыр къыдэкIын щIидзэн и пэкIэ ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, ягу зыхуэзэгъа тхыгъэхэр къытрадзэрт «Къэбэрдей» и фIэщыгъэу къыдэкIыу щыта альманахым. ТхакIуэхэм я союзым мазищым зэ къыдигъэкI альманахыр урысыбзэкIи адыгэбзэкIи дунейм къытехьэрти, тхылъеджэхэм я деж нихьэсырт ди тхакIуэхэм я лэжьыгъэхэр. СышколакIуэу абы сыкъызэрыкIуэу щытар сощIэж. Абы и къыдэкIыгъуэхэр зи пщэ дэлъ, и лэжьакIуэ нэхъыщхьэу щыта КIуащ БетIал и чэнджэщхэм уедэIуэну щхьэпэт.

Апхуэдэу екIуэкIыурэ, ди тхакIуэхэр нэхъыбэ къэхъуу хуежьащ. Зауэ нэужь зэманым ди литературэм къыхыхьащ абы зезыгъэужьа тхакIуэфI куэд - Теунэ Хьэчим, Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Къашыргъэ ХьэпащIэ, Къардэн Бубэ сымэ жыпIэми, нэгъуэщIхэри. Ахэр жыджэру лажьэрт, еш, щхьэх жыхуэпIэр ямыщIэу я къулыкъури, альманахыр къыдэгъэкIынри, творчествэри дэгъуэ дыдэу зэдахьу. 1930 гъэхэм и кIэм лъэпкъым къыхэжэпхъыкIа тхакIуэ куэд яукIа пэтми, мыдрей къэна нэхъыжьхэмрэ къалэмыр зыгъэунэхухэмрэ  я IэдакъэщIэкIхэм альманахыр пэмылъэщыж хъуащ. Ауэрэ 1957 гъэр, «Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 мэхъу» жиIэу тхыдэм къыхэнар, тхакIуэхэм къагъэсэбэпыну мурад ящI. ИкIи къохъулIэ: ди республикэм и унафэщIхэр Москва щылъаIуэу щIадзэри, а гъэ дыдэм «Iуащхьэмахуэ» журналыр къызэрагъэпэщ. Япэ редактор нэхъыщхьэу абы ягъэув Щомахуэ Iэмырхъан. Абы,  тхакIуэ нэхъыжьхэр и чэнджэщэгъуу, лэжьакIуэ хъунухэр кърагъэблагъэу щIадзэ. Жэуап зыхь секретару къашэ журналист хъарзынэ, «Ленин гъуэгу» газетым куэд щIауэ щылажьэ Шырыт Хьэтызэ. Москва Литературэ институтыр къыщызыухыу къэзыгъэзэжа Шэвлокъуэ Пётррэ Мысачэ Пётррэ прозэмрэ усыгъэмрэ я къудамэхэм я унафэщI ящI. 1953-1958 гъэхэм ди къэралым и къалащхьэм щыIа Адыгэ театр студием ди анэдэлъхубзэр щезыгъэджа КIурашын БетIал журналым драматургиемрэ критикэмкIэ и къудамэр и пщэм иралъхьэ. 

Хъарзынэу гъуэгу теувауэ махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зиузэщIурэ екIуэкIырт журналым и Iуэхур. Зэман докIри, Iэмырхъан КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым жэуап зыхь секретару  ягъакIуэ, Литературэ институтым и курс нэхъыщхьэхэр къэзыухыу къэкIуэжа ЩоджэнцIыкIу Iэдэм редактор нэхъыщхьэ ящI. ТхакIуэхэм я союзым и правленэм и унафэщIу ягъэувакIэт тхакIуэ цIэрыIуэ, къулыкъу зыIэщIэлъурэ къекIуэкI КIыщокъуэ Алим. Ар РСФСР-м и ТхакIуэхэм я союзым и секретару хах. Абы щыгъуэм ираджэурэ илъэсым мазитI-щыкIэ Москва щыIэу арати, 1970 гъэм къалащхьэм яшапэри, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм ди ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэу ягъэув, журналым и къудамэм щылажьэ Тхьэгъэзит Зубер редактор нэхъыщхьэ ящI. Сэ а гъэ дыдэм «Iуащхьэмахуэм» сыкъэзышауэ щытар Зуберщ икIи илъэс 42-м щIигъуауэ мы журналым сыщолажьэ.

Лэжьыгъэр хъарзынэу екIуэкIырт - псом я щхьэр тхакIуэти, ди куэдт.  Ахэр хуабжьу жыджэру лажьэрти, я тхыгъэхэр къытеддзэныр къащылъысынум ежьэн хуей хъурт. Дауэ къыпщыхъурэт КIыщокъуэ Алим хуэдэ цIыхушхуэхэр я тхыгъэр къытехуэным мазэ бжыгъэкIэ пэплъэну?! Абы щыгъуэм, теддзэныр зэрыгъунэжым игъэгушхуахэу, журналыр мазэм зэ  къыдэкIын хуейуэ къаIэтат, арщхьэкIэ яхупхыгъэкIыртэкъым.

         Зэман докIри, журналым и редактор нэхъыщхьэу тхакIуэ Iэзэ, щIалэ зэпIэзэрыт, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI Къэрмокъуэ Хьэмид ягъэув. А зэманым журналым щылэжьащ КIэщт Мухьэз, Гъубжокъуэ Лиуан, Балъкъэр Фоусэт, нэгъуэщIхэри.

            Хъарзынэу Хьэмид дыдэлажьэу екIуэкIыурэ 1977 гъэр къосри, ар «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм унафэщIу ягъакIуэ. Шэвлокъуэ Пётр жэуап зыхь секретарти, редактор нэхъыщхьэ ящIри, абы и пIэм сэ сагъэув.

         Властыр къутэжу щыхуежьам, 1991 гъэм ТхакIуэхэм я союзым и унафэщIыр ямыгъэуву ар дэ езым хэтхыжыныр ди пщэм къыдалъхьэ. Журналым и редактор нэхъыщхьэри апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэув хъуат. Абы щыгъуэм IутIыж Борис а къулыкъум хахат. А гъэм и мазаем щыщIэдзауэ 2008 гъэм и жэпуэгъуэм и кIэм Борис дунейм ехыжыху, илъэс 17-кIэ, лэжьати, Iуэху дэпщIэнуи удэгъуэгурыкIуэнуи тыншт, щIалэ ахъырзэмант. Щхьэхуэу ущIытепсэлъыхьын щымыIэу, псоми фIы дыдэу ящIэ IутIыж Борис цIыху гъуэзэджэу, зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ тхакIуэу зэрыщытар.

ИщхьэкIи зэрыщыжысIащи, мыбы щылажьэхэм ди тхыгъэ теддзэну къытлъымысыжу журналым и напэкIуэцIхэр зэпэубыдат. ТхакIуэ къезбжэкIахэри, иужькIэ абыхэм къахыхьахэу Нало Ахьмэдхъан, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ, Журт Биберд сымэ, нэгъуэщIхэри хуабжьу гуащIафIэт. 1950 гъэхэм и кIэхэми ди литературэм щIалэгъуалэ гуп хъарзынэ къыхыхьауэ щытащ – Тхьэгъэзит Зубер, Къэжэр Пётр, Гъубжокъуэ Лиуан, Къагъырмэс Борис, Журт Биберд, Хьэх Сэфарбий сымэ, нэгъуэщIхэри. Литературэм хуабжьу дихьэхыу щытащ цIыхухэр, иджы, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар щыIэжкъым. Тхыгъэу къытхуахьыр мащIэ дыдэщ. Абы и щхьэусыгъуэхэм ящыщу къыщIэкIынщ тхакIуэхэм я пщIэр зэрехуэхар. 

АтIэми  хъыджэбз хъарзынэхэр щыIэщ, уси прози ятхыу. Си гукъеуэр щIалэхэм тхэ щIагъуэу зэрахэмытырщ. Бзылъхугъэхэм зыгуэркIэ сахуэмыарэзыуэ е я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ шэч къытесхьэу аракъым,  ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, унагъуэ ихьа иужь абыхэм я нэхъыбэм тхэн щагъэтыж.

Къапщтэмэ, ГъукIэ Маринэ и рассказ хъарзынэхэу «Джэду фIыцIэ», «Дохутыр делэм и щхьэгъусэ» зыфIищахэр теддзащ. ГъэщIэгъуэну, адрейхэм емыщхьу зэхелъхьэ бзэ дахи иIэщ. Къаныкъуэ Анфисэ и  «Синэмис», «Лъагъуныгъэ» повестхэри, нэгъуэщI тхыгъэхэри   журналым еджэхэм ягу ирихьауэ щытащ.

Усэхэр, прозэ, критикэ тхыгъэхэр гъунэжт нэхъапэм. Иджыпсту критикэ щыIэкъым жаIэ. Ар щыIэнкIэ Iэмал иIэкъым, литературэ уимыIэу. Литературэм и къэухьыр нэхъ цIыкIу зэрыхъуар, зэреупIэхар  и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэщ критикэ зэрыщымыIэм. Япэм щыгъуи ди Iуэхур а  лъэныкъуэмкIэ фIы дыдэу щытауэ пхужыIэнукъым - дыщыпсэу щIыналъэр  цIыкIущ, псори гъунэгъуу зэрыцIыхурти, адыгагъэм зыдрагъэхьэхырт, зым и жагъуэ адрейм зэримыщIыным яужь итт. Ди тхакIуэ нэхъыжьхэми дагъуэ яхуэпщIу ядэнутэкъым.

Журналыр гугъуехь гуэрхэм Iумыуэу къэнакъым, псом хуэмыдэу тхакIуэхэр партым и гъуоуэ щыщыта совет лъэхъэнэм. Шортэн Аскэрбий итха «Шэм бдзэжьей къыхэкIащ» рассказым щхьэкIэ редакцэр зэ ягъэлъауэ щытащ. Абы зи гугъу щищIарат. Шэр уасэ екIурабгъукIэ уэрамхэм щащэн хуейти, шофер бзаджэжьым машинэр я деж дихуэри, зыхуейм хуэдиз къыхигъэжащ. Псыхъуэм дыхьауэ  «щыщхьэщигъэхъуэжым» бдзэжьей дэкIуащ. Ар гушыIэрэ ауанрэ щIэлъу бзэ шэрыуэкIэ итхыжат Шортэным…

ЕтIуанэр Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэт. Ар зыщыщ Хьэтуей къуажэм и гупэм деж колхозыщI щылът. ХъумакIуэ ягъэув, ар къахухь нэхърэ нэхъ хэкIыпIэфIу жылэ унафэщIхэм къалъытауэ. КолхозыщIым щыхасам хыхьэ Iэщхэр яхурти щIаубыдэрт, зейхэм къетхьэкъурт. КъагурымыIуэм, ящIэну зыхуэмейм гу лъебгъатэу ядэнт?! Абы щыгъуэ сабэр дэзыпхъея район унафэщIым  журналым щыщ щIалэ хъарзынэ гупыр къиужьыгуу, псалъэ мыфэмыцхэр къажриIэу срихьэлIауэ щытащ сэ, телевиденэм сыщылажьэу IуэхукIэ редакцэм сыщIыхьауэ.    

Япэм хуэдэ дыдэу мыхъуми, журналыр, «и щхьэ щIэмытIахъуэу»,  традзэн тхыгъэхэмкIэ къызэпэщыжыну си хъуэпсапIэщ.

Зытхыжар

ИСТЭПАН Залинэщ.

   

Поделиться: