ЩIыхуэр ирагъэпшыныж

«Кавказ Ищхъэрэм и Урысей сетхэр» зэгухьэныгъэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым псэупIэхэмрэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ и IуэхущIапIэхэм псы щIыIэу, псы хуабэу, электрокъарууэ къагъэсэбэпам пэкIуэу ятын хуеяуэ яхузэтрихьар 2023 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм ирихьэлIэу сом мелард 1,8-м щIигъуащ.

Дызэрыт илъэсым электрокъарууэ къагъэсэбэпам и уасэр ямытурэ щIыхуэу къатехуар сом мелуан 655,3-кIэ  хэхъуащ. Республикэм псэупIэмрэ коммунальнэ хозяйствэмкIэ и IуэхущIапIэхэм ящыщу хуащIа Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэ пщIэр зытыр абыхэм я процент 32,3-рщ.

КъБР-м ЖКХ-м пыщIа и IэнатIэхэм щIыхуэхэр тыншу къазэрыхуемыIыхыжым и щхьэусыгъуэр абыхэм я нэхъыбэм банкроту зэрызрагъэтхарщ, ятелъ щIыхуэр япшыныжыну зэфIэкI ямыIэ хуэдэу зыкърагъэлъытэн щхьэкIэ ята лъэIухэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр иджыри  зэрызэфIэмыкIарщ. Банкроту зезыгъэтхахэм ятелъ щIыхуэр нобэкIэ сом мелард 1,2-м нызэрохьэс. Абыхэм яхэтщ «Водоканал», «НТСК», «Благострой», «Бахъсэн водоканал», Ислъэмейм и «Водосервис» муниципальнэ IуэхущIапIэхэр, «Коммунсервис» ООО-р, нэгъуэщIхэри.

Мыбыхэми, адрейхэми ятелъ щIыхуэхэр къаIехыжыным и хэкIыпIэу Iуэхум халъагъуэр ахэр судым етынырщ. Псалъэм папщIэ, 2023 гъэм и япэ мазипщIым къриубыдэу «Кавказ Ищхъэрэм и Урысей сетхэр» акционер зэгухьэныгъэм и къудамэу республикэм щыIэ «Къэббалъкъэнерго»-м тхьэусыхафэу 653-рэ суд IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм яхуигъэхьащ. Абыхэм яIыгъщ сом мелуан 896,2-рэ.

Абы нэмыщI, щIыналъэм и ЖКХ-м и IэнатIэхэм щыщыIэ щытыкIэ зэIумыбзыр гъэзэкIуэжыным ехьэлIа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ «Кавказ Ищхъэрэм и Урысей сетхэр» АО-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абыхэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэр къанэ щымыIэу япшыныну хуагъэуващ.

                            ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться: