ЩIымахуэм хуэхьэзырщ

Iуащхьэмахуэ лъапэ къытрилъ­хьэ уэсым мэзхэр зэуэ щыщIиуфэ щыIэщ, мэз псэущхьэхэмрэ щIымахуэр ди щIыпIэм щизых къуалэбзухэмрэ цIыхухэм я гулъытэ хуэныкъуэу. Ар къызыгурыIуэ мэз лэжьакIуэхэр абы­хэм шхынкIэ яхуосакъ; гъатхэм щыщIадзэри жыгей тхьэмпэхэр, мэкъур, шыпсыранэр, Iусыпхъэхэр ягъэтIылъ, мэз бжэнхэр, бланэхэр, кхъуэпIащэхэр щы­хъуакIуэ щIыпIэхэр уэс куум щыщIихъумэм деж абыхэм ирагъэшхын хуэдэу.

ЩIымахуэр мыткIиймэ, абы­хэм езыхэми хъарзынэу уэс щIагъым къыщIах мышхумпIэхэр, мэзыдэ­хэр, пщIийхэр, чэщей жыг цIынэ цIыкIухэр, шыкIуртIымхэр, мэз­кхъужь, мы тIыгъуахэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и къур­шы­лъэ мэзхэм псэущхьэхэм Iусым­рэ мэкъумрэ я хъумапIэ щIыпIэ щхьэхуэхэр щыIэщ. 
- Ахэр жылэхэм фIыуэ япэжы­жьэу къыщызыдогъэпэщ, бжьы­хьэ - щIымахуэ пIалъэм ирихьэлIэу хуиту ­хъупIэхэм ираутIыпщхьэ унагъуэ Iэщыр нэмысын хуэдэу, арщхьэкIэ, сыт хуэдэу дымыхъу­мэми, мэз лъагъуэ пхыдзахэмкIэ щIэкIыу, псэущхьэхэм яхуэдгъэ­тIылъыр щрау­лъэпсыкI куэдрэ ­къохъу, - жаIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыуэпс хъугъуэфIы­гъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм.
Министерствэм дызэрыщигъэ­гъуэзамкIэ, ди къуршылъэ мэзхэм щыбэгъуэжащ, мащIэ дыдэ зэрыхъуам къыхэкIыу, Тхылъ Плъы­жьым иратхауэ щыта мыщэ гъуабжэхэр. ЩIымахуэ ткIий зэрыщы­мыIэжми емылъытауэ, абыхэм пIалъэм тету щIымахуэ жей ящI. Гъэм и кIыхьагъкIэ къапщтэмэ, мыщэхэр цIыхуми Iэщми зэран щахуэхъуа нобэкIэ къэхъуакъым. Абыхэм нэхъыбэу яшхри мэзым щIэт пхъэщхьэ­мы­щхьэхэрщ.
Абыхэм елъытауэ дыгъужьхэмрэ хьэIуцыдзхэмрэ нэхъ еIуящIэщ; гуп зэрыгъэхъуу мэл гуартэм теуэмэ, мэл 40 - 50-м нэблагъэр пэщ ящы­мыхъуу ялIынущ. Апхуэдэу ахэр йощакIуэ нэхъ зыпэлъэщыну къалъытэ танэхэм, шыщIэхэм. Аращ пIалъэ пыухыкIам тету ахэр ягъэ­мэщIэн хуей щIэхъур.
«Росприроднадзор» IуэхущIапIэм илъэс къэс иджы хуэдэ зэманым ди къуршылъэ мэзхэм зыщызыплъыхьхэм хъыбар яре­гъа­щIэ мэз псэущхьэхэр гъунэгъуу зэпшалIэу бгъашхэ зэрымыхъу­нум­кIэ; абыхэм езэгъынукъым цIыхум яшх шхыныгъуэхэр: шаш­лыкхэр, щIакхъуэхэкI IэфIхэр, уеблэмэ жэ­мышэ къудейр. Абы и мызакъуэу IэкIэ зыбжанэрэ ­бгъэшха псэущхьэ Iэлыр умы­щIэххэу етIуанэ гъуэгу къыптеуэнкIэ мэхъу, а шхын дыдэр уи деж къыщи­лъыхъуэу е туристхэр къы­щы­зэтеувыIэ щIыпIэхэр кIуа­пIэ ящI.
Шынагъуэншэу пхужыIэнукъым псоми фIыуэ ялъагъу кIэпхъхэр, цыжьбанэхэр, мэз дзыгъуэхэр. Ещхьыркъабзэу ахэр Iэм ибгъэ­ш­хыкIыныр шынагъуэщ - япкъры­тынкIэ хъуну узыр зыми ищIэркъым. Мы Iуэхум теухуауэ Ставрополь щIыналъэм щаублащ щапхъэ зытрах Iуэхугъуэ: мэзылъэхэм щIагуашэ вакцинэ зыхэлъ шхыныгъуэхэр. Мы илъэсми апхуэдэ лэжьыгъэхэм пащэнущ.
ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм телажьэхэм мэз псэущхьэхэм и мызакъуэу бгылъэ щIыпIэхэм щIымахуэр щизых бгъэ лIэужьыгъуэхэми я нэIэ тетщ. ИпэкIи и гугъу зэрыфхуэтщIащи, хэщIыныгъэ ин зыгъуэтауэ щыта къуршыбгъэхэм я бжыгъэр хъарзынэу зэфIэувэжу хуежьащ. ЩIэныгъэлIхэр кIэлъоплъ абыхэм щIымахуэр зэрырах щIыкIэмрэ я шхыныгъуэхэр зыхуэдэмрэ. 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: