Ахъшэр зэзыгъэзахуэхэмрэ зымыбжхэмрэ

2023 гъэм Урысейм и компаниехэм ящыщу тIу къэс зым и лэжьапщIэ фондым хигъэхъуащ. «Работа. ру» аналитикэ IуэхущIапIэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ ар. ЩIэупщIэныгъэхэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм я компаниеу 400-м щIигъу.

Абыхэм ящыщу процент 50-м я лэжьакIуэхэм я улахуэм хэгъэхъуэным гулъытэ нэхъ хуащIу щIадзащ, процент 42-м я ахъшэр трагъэкIуадэ бэджэнду къащтэ IэщIагъэлIхэмрэ, лэжьакIуэхэр нэгъуэщI IэщIагъэхэм хуегъэджэжынымрэ. IэщIагъэщIэхэр ирагъэгъуэтынымрэ командировкэхэмрэ ахъшэ нэхъыбэ хухэзыххэр процент 25-рэ мэхъу. процент 18-м корпоративхэмрэ интернет программэщIэхэмрэ я бюджетыр нэхъыбэ ящIащ.

Компаниехэм я процент 16-м мылъку нэхъыбэ трагъэкIуадэ хъуащ рекламэмрэ маркетингымрэ, процент 14-м - оборудованэхэр, лэжьапIэ пэшхэр, транспортыр бэджэнду къэщтэным. Гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэм ахъшэ мымащIэ трагъэкIуадэ процент 13-м, процент 12-м хьэпшып къыщIэгъэкIыным, процент 11-м логистикэм.

Мыдрейуэ, къэралым и компаниехэм я процент 18-м лэжьапщIэр хэгъэхъуэным и Iуэху зэрахуакъым. Процент 33-рщ ахъшэр зэзымыгъэзэхуар. Процент 30-м командировкэмрэ лэжьакIуэхэр щIэрыщIэу егъэджэнымрэ трагъэкIуадэ мылъкум кIэрагъэхуащ.

ЩIэупщIэныгъэхэм хэтахэм и процент 33-м ахъшэр якъузакъым, процент 30-м - командировкэхэмрэ IэщIагъэщIэхэм хуэгъэсэным хухахыу щыта ахъшэм кIэрагъэхуащ, процент 29-м - корпоративхэмрэ нэгъуэщI нэгузыужьыгъуэ Iуэхугъуэхэмрэ трагъэкIуадэм пачащ, процент 26-м - маркетингым. Дызэрыт илъэсым улахуэ фондыр зыгъэмэщIахэр процент 18 мэхъу.

2024 гъэм лэжьакIуэу цIыху нэхъыбэ къэзыщтэну мурад зиIэу абы щхьэкIэ бюджетым хэзыгъэхъуэнухэр, щIэупщIэныгъэм хэтахэм ящыщу, процент 70-м ноблагъэ. Процент 45-м я лэжьыгъэм зрагъэубгъун гугъэхэр яIэщ. ЛэжьакIуэхэм саугъэтхэр зэрырат щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьэнущ IуэхущIапIэхэм я процент 33-м, лэжьыгъэр нэгъуэщI IэнатIэхэм хуаунэтIынущ процент 26-м.

Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм экономикэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Арефьев Николай Iуэхум теухуауэ зэрыжиIамкIэ, УФ-м къыщахь улахуэхэр сом мини 100 нэхърэ нэхъ мащIэу щытын хуейкъым.

 «ГъащIэр ирамылъэфIэкIыу, тэмэму псэун щхьэкIэ сом мини 100 нэхърэ мынэхъ мащIэу щытын хуейщ ди къэралым и цIыхухэм къахь улахуэхэр, унэ къащэхуфын щхьэкIэ, ауэ зэрызагъэпсэхун ахъшэ зрагъэтIылъэкIыфын, я сабийхэм щIэныгъэ ирагъэгъуэтын папщIэ дызыхуэкIуэ зэманхэм абыхэм я мазэ улахуэр сом мин 200 хуэдизын хуейщ», - къыхигъэщащ депутатым.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: