Гъубжокъуэ Лиуан и усэхэр

Жылэ

Жылапхъэ ящIкъым хьэдзэ псори,
Дэтхэнэ думи кърамых,
Зи армэ кIуэгъуэу зэпаплъыхьу,
Ар къыщыхахкIэ хощыпыхь.

Къыхах купщIафIэу нэм къыфIэнэр,
ИмыIэу зыри сэкъат лъэпкъ,
Абдежым къикIми зи кIэныр
Зэи къытемынэ цIыху и хьэкъ.

Къэджа иужькIэ хьэрэхьупыр
КъикIыкIыу ар щIыгулъым хэлъщ…
КъыхуащIа дзыхьыр егъэпэжыр -
Дзыгъуэ тхьэкIумэр щIым къыхоплъ.

Губгъуэшхуэм уэгъум ар щебэну
Гугъуехьу мащIи имыгъэв,
Аращ къикъутэу духэм щIилъыр,
Бжьыхьэр къихьамэ, гъавэ бэв.

Ет жылэм гъащIэр сэлэт хахуэу.
Ар фIыщIэ жыги зэи хуэмей.
ЗыхегъэкIуадэ щIым, и лъахэр
НасыпкIэ хъуным папщIэ бей.
1964

Си лъахэ – си удз гъэгъа

«СяужькIэ хуейми удзи къремыкI…» -
ЖиIат, жи, цIыху Iей гуэрым
ЩIылIэм щыгъуэ.
СызэрыцIыкIурэ си гум зэи имыкI
А псалъэ Iейхэр – ноби срощыгъуэ.

Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
«СяужькIэ хуейми удзи къремыкI…»
Мо дыгъэ къепсу псоми хуэжумартым
И бзийхэм щыщ абы къылъымысарэ?
Къыпхитхъыу уэсыр ажэгъуэмэр мартым
Дунейм къыщытехьам ар хуэмызарэ?

Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
«СяужькIэ хуейми удзи къремыкI…»

Ди пщIантIэм дэзу сэ удз дахэ згъэкIт,
Шыпхъуншэу схьыти,
Шыпхъу къалэн згъэзащIэу;
Гъэгъахэр гъунэгъу Iыхьэу къезгуэшэкIт,
Сэ нэщхъыфIагъэт къайIысхри гуфIапщIэу.

Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
«СяужькIэ хуейми удзи къремыкI…»

СощIэж, сэ губгъуэм Iэджэрэ сыкIуащ,
Си пщащэр згъэгуфIэну удз дахэхьэ.
Сэ куэдрэ гуфIэ нэпсхэр къысфIекIуащ,
Сыкъеджэу усэ удз къыщысIэщIалъхьэм.

Ар дауэ цIыхум и жьэм къыжьэдэукI:
«СяужькIэ хуейми удзи къремыкI…»

Уэшх къошх,
Е цыIэрылъхьэу уэсыр къос –
Ди щIылъэр щремыщIэ зэи удз дахэ!
Ажалыр – бжэм нэхъ благъэщ –
Хъумэ къэс – «Си ужьыр махуэ пхухъу…» -
БжызоIэ лъахэ.

Нэпсхэм я къыр

 Туапсей къалэм ипщэрабгъукIэ
 тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iутщ
 адыгэ хъыбарыжь куэд зэпха
 «Нэпсхэм я къыркIэ» зэджэр.

Урищыхьэту си лъэпкъым и тхыдэм
ЛIэщIыгъуэ мащIэ уэ къэбгъэщIа?
ЗыкъыпхуратIэрэ къопыдж-къошхыдэу
Толъкъунхэм дапщэрэ уигу хагъэщIа,
«Нэпсхэм я къыр»,
«Нэпсхэм я къыр»!

ЖаIэ адыгэ бзылъхугъэм и нэпсу
Зэпымыужу къеткIуххэр уи нэкIу,
Уэ сыт хуэдиз къыптепсами дыгъэпсу,
Уи нэпс хуэгъэгъущкъым, нэхъ мыхъуми зы тIэкIу,
«Нэпсхэм я къыр»,
«Нэпсхэм я къыр».

Зэм тенджыз ФIыцIэм сфIощI уригъуджэ,
Зэм тенджыз Iуфэм уримыIуэху,
Толъкъун губжьахэм щIопщ зыхуагъаджэ,
Уэ умыгъыжу слъагъуну сэ щIэх,
«Нэпсхэм я къыр»,
«Нэпсхэм я къыр»?

Кхъухьыжьхэу дапщэм я бэракъ фIыцIэр
Уи натIэ гъуджэм ныбжьу къища,
«Нэпсхэм я къыру» къэнащи, уэ уи цIэр
Си гур хэбгъэщIу нэху дапщэ бгъэща,
«Нэпсхэм я къыр»,
«Нэпсхэм я къыр»?

Адыгэ уанащIэхэр

Ди адэжьхэ, адыгэ уанащIэхэ,
Фи IэщIагъэр дапщэщ фыбгына?
Фи Iэзагъэр дуней псом къыщащIэти,
Iэмэпсымэр дэнэ къыщывна!

Ди лъэпкъ напщIэу адыгэш -
тхъуэжьейхэм
МэкIуэдыжыр жыфIэу, фытегъа?
Е Андемыркъан и къуэш шууейхэм
Хуэмыхуфэ ефплъу фигу ебгъа?

Фи IэщIагъэм иIа пщIэр мымащIэ:
Шу зауэлIхэм лIыгъэр ядэфIыгът
Щхьэмыгъазэу бийхэр щыхагъащIэм…
Щыжеинум уанэр я пIэщхьагът.

ЗекIуэ кIуэм хутефлъхьэрт уанэ махуэ,
Уанэр дамэт джэгумэ шурылъэс.
Нэщхъеягъуэ къыщихъуами лъахэм
Фи уанэгу щыхьэкIуэ шум ялъыст.

Фи зэманым фыкъригъэкIуэту
ФщIар хэщIапIэ дэнэ деж дурэш?
Фи Iэ лэжьэрейхэр фхуэмубыду
Къэхъукъэ фи IэщIагъэм щыхуэзэш?

Уанэ щIыныр щыщывгъэтыж махуэм
Псоми фэ зэхэфлъхьэу фи гурылъ,
Адыгэ уанащIэм Iуащхьэмахуэ
Фи IэщIагъэм хуэфщIагъэнщ фэеплъ.
1968

Уи цIэр Мадинэ, хьэмэ Маринэ?

Зи ныбжьэгъу пэжыр зыфIэкIуэдауэ,
Сэ къуажи къали къызощ,
Махуэл симыIэу укъызолъыхъуэ,
Сыщыпхуэзэнур дапщэщ?

Хэтхэ узипхъур,
Хэт узишыпхъур,
Сэ си насып зыхэлъ?
Уи цIэр Мадинэ,
Хьэмэ Маринэ?
Зэ закъуэ уэ къысхукъуэплъ.

НэкIукIэ зэкIужрэ хьэлкIэ гущыкIыу
Тетщ хъыджэбз Iэджэ дунейм,
Ахэм уащыщу укъыщIэкIыну,
Си тIасэ, сэ сыхуэмей.

Уэ укъэзгъуэтмэ, гъэмахуэ розэу
Мы си гум зызэIуихынщ,
ИгъащIэ псокIэ сыарэзыуэ
Гум и IункIыбзэр уэстынщ.

Уи гум сэр папщIэ илъу зы хъуаскIэ
Уэ зыкъэзгъащIэ къудей,
Сыарэзыщ сэ зэхэдублэнкIэ
Ди хьэгъуэлIыгъуэр пщэдей.

Лъагъуныгъэр къандесджэгукъым

Мастэкъуаншэ щIыкIэу
ЗэпэтIыгъщ къандес,
ЗэхуэдитI итщIыкIыу
Дэ дызэбгъэдэсщ.

Лъагъуныгъэр, си псэ,
Ар мыкъандесджэгу,
ДыкъызэрыгъапцIэу
Дыздомыгъэджэгу.

КIэнфет нэхъ IэфIыр
Iэнэм къытыбох,
«Хэмыту, хэмыту», -
ЖысIэу къыпIызох.

Уэ сыкъэбгъэпцIэну
Iэмал къогупсыс,
Сэ ди лъагъуныгъэм
Щэхуу согупсыс.

Къандесыр сфIэпхьыныр
СыткIэ хьэлэмэт?!
Си гур сфIэпхьэхуащи,
Ар уи анэмэтщ.

НэкIуэж щэбэтым къуажэм

ЩегъафIэ и гум хэти
Щалъхуауэ и къуажэжь,
Химых ар и псэм хэлъми
И адэм и пщIантIэжь.

НэкIуэж щэбэтым къуажэм,
Сэ къуажэр сигу къэкIащ,
СыхущIэмыхьэу жысIэу
Илъэсыр изгъэкIащ.
Бланэ щалъху йокIуэж,
Бланэ щалъху йокIуэж.

Уэ къыппежьэнщ уи анэр –
Насыпыр ар мыгуэшщ,
Къысхуэхъуу ади ани
Сэ къыспежьэнщ си къуэш.

Зы махуэм махуэ пытщэу
Ди гъащIэм аурэ хощI,
КIуэжыныр Iуэху тхуэмыщIу
Iыхьлым я жагъуэ дощI.

Iыхьлыхэри тлъагъунщи,
Зы джэгу дыкъыщыфэнщ,
Кхъуейжьапхъи едгъэщIынщи,
Махъсыми дыкъефэнщ.

 

 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: