ЛIыхъужьхэмрэ фэеплъхэмрэ

Налшык ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ «Нам доверена память. Памятники в битве за Кавказ» зэIущIэр. Ар теухуауэ щытащ Кавказыр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIахыжу щхьэхуит къызэращIыжрэ илъэс 80 зэрырикъум.
Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №1-м, №8-м, Къулъкъужын Ипщэ къуажэм я еджакIуэхэр.
Тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм (ВООПИиК) и унафэщI Созаев Ахъмэт зэIущIэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ фэеплъхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
ЗэIущIэм хэтащ икIи абы къыщыпсэлъащ Налшык къалэм и Ветеранхэм я советым и унафэщI Абдуллаев Мустэфа, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ къэрал управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэвжокъуэ Тимур, УФ-м и Гъуазджэ лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и лIыкIуэ Аппаевэ Жаухъар, нэгъуэщIхэри.
- Зи Хэкур, зи лъэпкъыр, зи лъапсэр фIыуэ зылъагъухэм фэеплъхэри фIыуэ ялъагъун хуейщ. Ахэр цIыху пэлъытэщ: жьы, кхъахэ мэхъу, уакIэлъыплъын хуейщ. Фэеплъхэм лъэпкъхэр зэкъуагъэувэ, нэхъри зэпэгъунэгъу ящI. КъинэмыщIауэ, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэухэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр къезыгъэцIыхур ахэращ! - жиIащ Созаевым.
Абдулаев Мустэфа жиIащ Налшык фэеплъхэр зэрыщыкуэдыр, Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм абыхэм щытепсэлъыхь ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр зэпымыууэ курыт еджапIэхэм зэрыщригъэкIуэкIыр. Абы зэрыжиIэмкIэ, Хэку зауэшхуэм и ветерану Налшык дэсыжыр 8 къудейщ. Мы мазэм тIу дунейм ехыжащ. Зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэр щрагъэжьам, ветеранхэм я бжыгъэр 1500-рэ хъурт.
- Налшык къалэр бийм къыщаухъуреихьам цIыху мини 9 хэкIуэдащ. Абыхэм ящыщу зи цIэ-унэцIэ ящIэр цIыху 500 къудейщ. Зауэм хэта псори лIыхъужьщ, ауэ куэдым къалэжьа дамыгъэхэр къалъысакъым, я щIыналъэм зэрырагъэIэпхъукIам къыхэк1ыу. Апхуэдэщ балъкъэр зауэлIу 16, адыгэу  23-рэ… Языныкъуэхэм я орденхэмрэ медалхэмрэ щратыжар блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэрщ», - жиIащ Абдуллаевым. – Фэеплъхэр щхьэпэщ лIыхъужьхэр дигу илъынымкIэ. Ди зэгухьэныгъэм еджакIуэхэм зыщрегъэплъыхь  къалэм и тхыдэ щIыпIэхэм зыплъыхьакIуэхэр къыщызыдогъэпэщ, Хэку зауэшхуэм и ЛIыхъужьхэм я фэеплъхэм щыдгъэгъуазэу. Ахэр щхьэпэщ щIэблэр къэралым и тхыдэм, лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэм щIэпIыкIынымкIэ.
Налшык къалэ администрацэмрэ Ветеранхэм я советымрэ я нэIэм щIэтщ ЛIыхъужьхэм я фэеплъхэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, къалэм и Iэтащхьэм фэеплъхэр гъэ къэс IуэхущIапIэхэм ятрегуашэри, ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу ахэр зыхуей хуагъазэ.
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: