Вирусхэр мылIэ-мыпсэущ

ЩIэныгъэ

ЦIыхум куэд щIауэ ецIыху уз зэрыцIалэхэр. Пасэрейхэм къахуэщIэртэкъым а узыфэ шынагъуэхэр зэрызэрыцIалэ щIыкIэри, къызыхэкIри, зищIысри. ЩIэныгъэмрэ техникэмрэ зиужьа нэужь, еджагъэшхуэхэмрэ дохутырхэмрэ а узыфэхэр зэуэлIахэм кIэлъыплъ зэпыткIэрэ къахутащ вирус, бактерие зэмылIэужьыгъуэхэр зэрыщыIэр. Япэ дищынщи, къыхэдгъэщынщ, вирусымрэ бактериемрэ зэрызыщымыщыр, къагъэхъей узыфэхэри, дэтхэнэри зэрагъэхъуж хущхъуэхэри зэрызэхуэмыдэр. Нобэ зи гугъу тщIынури, иджыпсту дуней псор нэхъ къыхэзыгъэзыхьырщ, вирусырщ.
Сыт-тIэ, вирус хъужыр, дауэ ар зэрызэпкърылъыр, сыт и хущхъуэгъуэ?

19-нэ лIэщIыгъуэм бактериехэр зэрыщыIэмрэ абыхэм къагъэхъей узыфэхэмрэ щIэныгъэлIхэр тетхыхьа нэужь гурыIуэгъуэ ящыхъуащ бактериехэм къащинэмыщIа, иджыри щхъухь налъэ гуэрхэр зэрыщыIэр. А щхъухь мыцIыхухэм къагъэхъей узыфэхэмрэ ахэр зэрагъэхъуж хущхъуэхэмрэ алъандэрэ яджахэм зэрыхуэмыдэр.
ЛатиныбзэкIэ зэбдзэкIмэ, вирус жиIэмэ, гын, щхъухь жиIэу аращ. Биологие и лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, вирусыр мылIэ-мыпсэущ. Сыту жыпIэмэ, гъащIэр къызэрыунэхужа белокыр ешэкIащ абы, къищынэмыщIауэ, вирусыр къызыхуигъэщIамрэ зищIысымрэ къэзыIуатэ ДНК-рэ РНК-рэ кIуэцIылъщ. Абы и лъэныкъуэкIэ псэ Iутщ. НэгъуэщIу укъеплъмэ, вирусыр Iэпкълъэпкъ имыгъуэтмэ, зиужьыркъым, зыкIи зэранкъым. А налъэ цIыкIум щхъухьу кIуэцIылъыр къыщиутIыпщри зыкъыщызэкъуихри лъы игъуэтмэщ. Мис итIанэ абы хузэфIэкIынущ цIыхур иукIыну. КъищынэмыщIауэ, вирусыр щопсэуф къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм, Iэгъэбэгухэм, бактериехэм я пкъым. Вирусыр Iэпкълъэпкъым зэрынэсу тIасхъапIэ мэлъыхъуэри, абы япэу «йоуэ».
Вирусым и лIэужьыгъуэм елъытауэ, ар зэуэлIам и лъэр щIоху, плъыржьэрым хедзэ (Iэпкълъэпкъыр нэхъ пщтырыху вирусыр нэхъ хьэлъэу аращ), и щIыфэр къолъэлъ, щхьэкуцIыр шын мэхъу, щIыIэ техьэгъуэм еубыд, ныбажэ, къарууншэ мэхъу, мышхэфу, къэжьу, и щхьэр узу къонэ. НобэкIэ вирусхэм къагъэхъей узыфэу цIыхум ецIыхур гриппыр, фэрэкIыр, жьэгъущIэсыр, техьэгъуэр, фэгъазэр, тэмакъ узыр, полиомиелитыр, тэмакъ шыныр, гепатитыр, хуабэузыр, сифилисыр, энцефалитыр, щIыфэкъилъэлъыр, хьэщхьэрыIуэ узыр.
Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхум зэ сэбэп къыхуэхъуа хущхъуэр етIуанэ гъуэгу къызэрыхуэмыщхьэпэнур. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ищхьэIуэкIэ зэрыжытIащи, вирусым «игу» ириубыдэм хуэдэу, къызэреIэза хущхъуэм зэрыпэщIэувэн, абы зэрызыщихъумэн Iэмалхэр «къегупсыс», нэгъуэщI сэфэт йоувэри, хущхъуэщIэ къыхуэгупсысын хуей мэхъу. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIи, мы щIыгум зы вирус къыщыунэхуркъым, куэду щыпсэуми. АтIэ, ахэр псори хьэршымкIэ къехыу аращ.
Дауэ вирусым зэрызыщыпхъумэфынур?
ЗэрыжытIащи, вирусыр щыбагъуэри зыщиужьри лъыращ. Абы къыдэкIуэуи вирусым и хущхъуэ нэхъыщхьэ дыдэри – лъырщ!
Лъыр гъэщIэгъуэну зэхэлъщ. Абы хеубыдэ плазмэ, тромбоцит, лейкоцит, эритроцит жыхуэтIэхэр, нэгъуэщIхэри. Лъым и къалэн нэхъыщхьэр - цIыхум шхыным, псым, хьэуам къыхих къарур, къэуатыр, лъышэр (кислородыр) Iэпкълъэпкъым лъигъэсынырщ, вирусхэмрэ уз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ ебэнынырщ. Хущхъуэншэу зегъэкъэбзэжыф лъым. Апхуэдэу,  лейкоцитхэм Iэпкълъэпкъым къеуэлIа узымрэ вирусхэмрэ е «хэлIыкIа» клеткэхэр къаухъуреихьри, «йозауэ, яшх». ИужькIэ ар гъутхьэпсым хэлъу Iэпкълъэпкъым къыпкърокIыж. Апхуэдэхэм деж цIыхур плъыржьэр мэхъу. ЦIыхур есащ плъыржьэрым зэрыхидзэу, температурэр езыгъэх хущхъуэ ефэу. Ауэ ар тэмэмкъым. Температурэр дэкIуеямэ лъыр узым ебэну аращи, градус 38 - 38,5-м нэмысауэ ебудых хъунукъым. Армыхъумэ, узыфэ зыубыдам пэщIэува, «зыкъэзыIэта» лъыр бгъэужьыхыжмэ, вирусыр текIуауэ бжы.  
Лъым и сыт хуэдэ пкъыгъуэми къалэн щхьэхуэ ягъэзащIэ: эритроцитхэм лъышэр кърахьэкI, лейкоцитхэм микробхэмрэ вирусхэмрэ яукI, цIыхум лъы щIэкIмэ, тромбоцитхэр уIэгъэм деж щызэхуосри, лъыр къагъэувыIэ, плазмэм къэуатыр Iэпкълъэпкъым лъегъэIэс. ИкIэм-икIэжым дакъикъитху къэс лъыр жьэжьейхэм ягъэкъэбзэж.
Къапщтэмэ, лъыр куэдрэ псэукъым. Эритроцитхэр мазиплI, тромбоцитхэр махуи 10, лейкоцитхэр махуи 6 - 9 къэс мэкIуэдыж. Дэнэ-тIэ, лъыр къыздикIыр апхуэдэу щыхъукIэ?! НэхъапэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, лъыр къыщыунэхур къупщхьэ гъуанэхэм илъ куцIырщ. Сабий къалъхуагъащIэхэм къупщхьэу хэлъым лъы къабзэ къагъэщI, балигъым и къупщхьэшхуэхэращ лъыр къыщыунэхур.
ЦIыхур сымаджэ щыхъуам деж анализ ирагъэт. Абы папщIэ, Iэпэм, Iэблэм лъы къыхаш. Дэ а псори лейуэ къытщохъу, ауэ лъым и зэхэлъыкIэм теухуауэ дохутырым къыхуэхутэнущ сымаджэм къефыкIыр.
ЩыIэщ хущхъуэкIэ яхуэмыгъэхъуж узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэхэм деж цIыхум и лъыр зэрыщыткIэ яхъуэжын хуей мэхъу.
ЦIыхум вирусыр къытемыкIуэн папщIэ щыIэщ вакцинэ зыбжанэ. Псоми я нэхъыщхьэжращи, Iэпкълъэпкъыр гъэбыдэн хуейщ. Сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъ узыншэм вирусыр итIысхьэркъым, зэримыубыдыфынур, зэрыпэмылъэщынур ещIэри. Уз зэрыцIалэ зыпкърытым зыщыбдзеймэ зэрынэхъыфIри зыщывмыгъэгъупщэ.
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: