ИлъэсыщIэр ягъэлъапIэу щытакъым

НаIуэу зэрыщытщи, Октябрь революцэр Урысейм щытекIуа иужь ИлъэсыщIэр къэралым куэдрэ щагъэлъэпIакъым. Властыр зыIэрыхьахэм ар къалъытэрт езыхэм хэутэн ящIа диным и Iэужьу. АрщхьэкIэ япэщIыкIэ зыкъомрэ зэресам тетащ. Мыбдеж щапхъэу къыщыпхуэхьынущ Ленин Владимиррэ абы и щхьэгъусэ Крупская Надеждэрэ 1918 гъэм и илъэсыщIэр Петроград и рабочэхэм я гъусэу кърагъэхьауэ зэрыщытар. Пэжу, фадэ хэтакъым, шей зэдефэурэ, «Интернационал»-р кърашурэ, гуфIэгъуэр кърагъэхьащ.
ИужькIи, 1920 гъэхэм я япэ зэхуэдитIми, ИлъэсыщIэр яIэту щытащ, диным и бийуэ къызэрагъэпэщ Iуэхухэм яхуэдэу.
АрщхьэкIэ, НЭП-р къуалъхьэжа, идеологие бэнэныгъэр ягъэлъэща иужь ИлъэсыщIэри ягъэлъэпэрэпащ. 1929 гъэм зыгъэпсэхугъуэ махуэхэр лэжьэгъуэ ящIащ, псей цIыкIухэр ящэу, уэрамхэм я нэгу зыщрагъэужьу ямыдэж хъуащ. «1930 гъэр хьэлъэт. Уи гур фIы зыщIын, дэрэжэгъуэ къозытын зы щIыпIи щыплъагъуртэкъым. Сытыт узыщыгуфIыкIынури?», - ятхыжащ а зэманым щыIэ щытыкIэм теухуауэ газетхэм.
АрщхьэкIэ, зэманыр кIуэтэхукIэ, куэдым къагурыIуэрт цIыхубэм я гъащIэм хыхьа икIи, арыншами, щэху-нахуэми, ягъэлъапIэ гуфIэгъуэр яIэпыпхыныр къызэремызэгъыр. ЖэрдэмщIакIуэу уващ Харьков областым и унафэщIу щыта Постышев Павел. Абы «Правда» газетым къытрыригъэдзащ мы Iуэхум теухуа тхыгъэ губжьа: «СэмэгумкIэ дезышэкIыну хущIэкъухэм сабийхэм я нэгу зегъэужьыгъуэу щыт мы Iуэхур буржуазие Iэмэпсымэу къалъытащ», - итхащ абы. ИпэжыпIэкIэ Постышевым Троцкэмрэ абы и блыгущIэтхэмрэ игъэкъуэншащ цIыхубэ гуфIэгъуэр зэрамыгъэлъэпIэжымкIэ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы апхуэдэ тхыгъэ газетым къытригъэдзэфынутэкъым, ар ищхьэкIэ щыIэхэм, дауи, Сталин Иосифи яхэту, дамыIыгъамэ.
Псори псынщIэ дыдэу зэфIэкIащ: тхыгъэр къытехуа иужь етIуанэ махуэм Постышевым унафэ ищIащ Харьков къалэм дэт, Пионерхэм я унэм ИлъэсыщIэ псей щагъэувыну.
Совет цIыхухэр а жэрдэмым щыгуфIыкIащ, арщхьэкIэ иджыри куэдым я фIэщ хъуртэкъым къэхъуа зэхъуэкIыныгъэр. ЩIэгузэвэн щымыIэу къыщIэкIащ: къэралыр техьащ ИлъэсыщIэр Iэтауэ гъэлъэпIэным и гъуэгум. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Урысейм и къалэ нэхъ инхэм псей жыгышхуэ гъэщIэрэщIахэр уэрамхэм къыщыдагъэуващ.
Абы лъандэрэ ИлъэсыщIэр СССР-м щаIэт гуфIэгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къекIуэкIащ, иджы Урысейми а хабзэм щыпащэ.
Пэжщ, езы жэрдэмщIакIуэ Постышев Павел и Iуэхур нэщхъеягъуэу иухащ: 1938 гъэм и пэщIэдзэм ар и къулыкъу псоми трагъэкIащ, «япон шпиону» къыщIрагъэдзри, 1939 гъэм мазаем и 26-ми Бутыр лъэхъуэщым щаукIащ. Ауэ зи зэхэублакIуэу щыта ИлъэсыщIэр гъэлъэпIэным теухуа хабзэр къэнащ.
 

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: