Журналым дыкъыщоджэ

«Iуащхьэмахуэ» журналым и еханэ илъэс къы­дэкIыгъуэр дунейм къы­техьащ. Дэтхэнэ адыгэ  цIы­хуми фIэгъэщIэгъуэ­-нын абы къызэрыригъуэ­тэнум шэч хэлъкъым. 

2023 гъэм и щэкIуэгъуэ-дыгъэгъазэ мазэхэм хуэзэ къыдэкIыгъуэм и жьантIэр, хуэфащэ дыдэу, лъысащ усакIуэ, щIэныгъэлI Къэжэр Хьэмид. Ар къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирикъуащ. Абы и гъащIэр, гуащIэр, дуней тетыкIэу, Iуэху зехьэкIэу щытар наIуэу къызыхэщ тхыгъэ купщIафIэхэр я ­къалэмыпэм къыщIэкIащ щIэ­ныгъэлIхэу БакIуу Хъанджэрий («Гулъытэ лей зы­хуэфащэ»), Гъут Iэдэм («Зи псалъэр куп­щIафIэ»), Шэвлокъуэ Пётр («ЩIэныгъэлI икIи усакIуэ») сымэ. А тхыгъэхэм къакIэ­лъокIуэ Хьэмид и усэхэр. «ЖьантIэ» рубрикэм ап­хуэ­дэуи щIэтщ зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ­ири­къуа усакIуэ, уэрэдус Джэдгъэф Борис и гуащIэр щызэпкърихыу ­Хьэвжокъуэ Людмилэ итха «Мы­вэгум удз къыщызыгъэкI» усыгъэ» зи фIэщыгъэ лэжьыгъэр. Абы щыжыIа ­дэтхэнэ зы псалъэри щIагъэбыдэми ярейщ Борис и усэхэм. 
«Прозэ» рубрикэм щIэтщ «Гъэл Хьэмыщэ и пшына-лъэ» хъыбарыр. Дунейпсо ли­те­ратурэм и нэхъыжьыж, тхыдэр щыхьэт зытехъуэ гъу­щIынэтх тхыгъэр зэри­дзэ­кIащ тхакIуэ, журналист ­Къаныкъуэ-Фырэ Анфисэ. Илъэс мини 4,2-кIэ узэIэ­бэ­кIыжмэ, пасэрей хьэт лъэп­къыжьым и зы къудамэу ТIуа­щIэм (Месопотамием) щып­сэуахэм (щхьэфIы­цIэкIэ  зэ­джэжу щыта шумерхэм) я IэдакъэщIэкIыу къалъытэ  тхыгъэр гъэщIэгъуэныщэщ. АдэкIэ журналым и напэ­кIуэцI «Прозэ» рубрикэм хухэ­хахэм ды­къыщо­джэ Шэ­рыIужь Аслъэн и «Анэл» повестым. 
Усэ купщIафIэхэмкIэ ды­зы­гъэгуфIэ МахуэлI Нарзан и Iэ­дакъэщIэкIхэращ мы къы­дэ­кIыгъуэм и «Усыгъэ» рубрикэм щIэтыр.
НэщIэпыджэ Замирэ и публицистикэ тхыгъэщ «ТыIэщхэ я унагъуэ дахэр» зыфIищар. Ар хухэхат Егъэджа­кIуэм­рэ ущиякIуэмрэ я илъэсу 2023 гъэр зэрыщытам, икIи ТыIэщхэ я унагъуэр зэрыщапхъэ нэсыр къызыхэщ тхыгъэщ. 
«Анэдэлъхубзэ» рубрикэм ды­къыщоджэ педагогикэ ­щIэ-­­ ныгъэхэмкIэ кандидат Хьэ­цIыкIу Рае и гупсысэ гъэ­щIэ­гъуэнхэм, щIэныгъэр и тегъэ­щIапIэу къагъэщIа «Ады­гэб-зэм и сурэтщ адыгэ анэр» тхыгъэм. Ады­гэбзэр дызэрип­сэр, ар ­хъумэн зэрыхуейр аращ абы и кIыхьагъкIэ къы­хуе­джэ­ныгъэу щыпхышар. 
КъыкIэлъокIуэ Хьэкъун Ба­рэсбий и «Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр». Журналыр зэхуе­щIыж псалъэжьу зэхэлъ ­пса­­лъэзэблэдзым.  

ИСТЭПАН  Залинэ,
«Iуащхьэмахуэ» журналым
жэуап зыхь и секретарь. 

Поделиться: