Лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэхэр

ЦIыхубэм я Iуэху еплъыкIэхэр къэ­хутэнымкIэ урысейпсо центрым (ВЦИОМ) иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, «ГъуэгуфI шынагъуэн­шэ­хэр» лъэпкъ проектым (пэхуэщIэм) лъэныкъуэ зыбжанэмкIэ бжьыпэр щи­Iыгъщ къэралым.

Урысей Федерацэм щагъэзащIэ лъэпкъ проектхэм ящыщу цIыхухэм ­нэхъыбэу къыхагъэщхьэхукIхэм ар яхэтщ. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, ещанэ увыпIэм щытщ. ЩIэупщIэныгъэхэм хэ­тахэр арэ­зы нэхъ зытехъуэхэм я гугъу щащIым, абыхэм я процент 74-м Iэ яIэтащ гъуэгухэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа проектым щхьэкIэ.
ЦIыхухэм къызэралъытамкIэ, «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ, сэбэпынагъ куэд къызыбгъэ­дэкIщ. Абы и лъэныкъуэкIэ етIуанэ увыпIэр абы иратащ.
ЩIэупщIэныгъэхэм хэтахэм я про­-цент 29-м къыхагъэщащ а проектым лэ­жьэн зэрыщIидзэрэ къэралым и цIыху­хэм зэхъуэ­кIыныгъэфI куэд къазэры­хуихьар. Абы нэмыщI, «ГъуэгуфI шы­нагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым и лэ­жьыгъэм иджыри илъэситхукIэ къыпащэну зэрафIэигъуэр къыжаIащ Iэ­Iэтым хэтахэм ящыщу процент 98-м.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым лэжьэн щIидзащ 2019 гъэм. Иджыпсту абы хэтщ УФ-м и щIыналъэу 84-рэ икIи, иужьрей илъэситхум къриубыдэу, проектым и фIыгъэкIэ псори зэхэту ки­лометр 87000-м нэблагъэ зи кIыхьагъ я гъуэгухэр иджырей мардэм тету зэрагъэпэщыжащ.
Зи гугъу тщIы лъэпкъ проектыр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щы­лэжьащ 2019 гъэм щегъэжьауэ. Дызэрыт илъэсым къриубыдэу щIыналъэм и жылэ 25-м псори зэхэту километр 70 хъу гъуэгухэр зэпэщ ящIащ. Абы нэмыщI, мылъку­шхуэ зытекIуадэу гъуэгу хо­зяйствэм и объекти 9-м ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэ­фIагъэкIащ.
Налшык къалэм и Къэбэрдей, Осетинскэ уэрамхэр, Къалмыкъым, Мов­сисян, Идарым, Щоджэным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр къагъэщIэрэщIэ­жащ, абыхэм я нэхъыбэм асфальто­бетон зэ­хэлъ­хэр щIэуэ тралъхьащ, зы­хуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщащ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щекIуэкIащ ­Къармэхьэблэ, Хьэбэз, Псынэдахэ, Лэскэн ЕтIуанэ, Ново-Ивановскэ, Каменскэ, Щхьэлыкъуэ, Светловодскэ жы­лэхэми. «Iуащхьэмахуэ» лъэпкъ паркым и «Шхельдэ», «Жантыгъуэн» альпинист лагерхэм екIуалIэ автомобиль   гъуэгухэри зэпэщ ящIащ. Бахъсэн Ип­щэм, Iуащхьэмахуэ жылэ­хэм щекIуэкIа лэжьыгъэхэри и кIэм нагъэсащ. Ап­хуэдэуи Бахъсэн щIыналъэм лъэмы­житI щIэуэ Бахъсэныпс щызэпрадзащ.

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: