ЩIалэгъуалэ жэрдэмхэр даIыгъынущ

Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зыхэт, «Пэ­рытхэм я зэщIэ­хъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм дэлэжьэнымкIэ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и деж щыIэ щIыналъэ зэзыгъэуIу советым и зэIущIэшхуэ екIуэкIащ.

Зэхыхьэм КъБР-м и Iэтащхьэмрэ ныбжьы­щIэхэмрэ щы­тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм я IуэхущIафэхэм, абыхэм я мурадхэм, ахэр гъэ­зэщIэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ щIалэгъуалэм я жэрдэмхэр зэрыдаIыгъынур, ахэр зы­хущIэкъухэр зрахъулIэнымкIэ нэхъыжьхэр сыткIи дэIэпы­къуэгъу зэрахуэхъунур.

Поделиться: