Нобэрей нэщэнэ

Адыгэ лъэпкъ дамыгъэхэр къэзыпщытэжахэм, зыджыжахэм лъэпкъым и пащхьэ ар къизылъхьэжахэм ящыщщ тхыдэтх Ехъутэныдж Хьэсэн.

Абы етх: «Илъэс мин бжыгъэкIэ уIэбэжмэ, адыгэхэм дамыгъэхэм мыхьэнэ зэмылIэужьыгъуэ яIэу зэрахьауэ уахуозэ - хьэпшыпхэм, Iэщэфащэм, мывэхэм тету. Абыхэм я къежьапIэм теухуауэ щIэныгъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэр зэтехуэркъым, ауэ ныбжьышхуэ яIэщ. Мэжусий зэманым щыгъуэ, а дамыгъэхэр, ахэр зытет хьэпшыпхэр Тхьэ пэлъытэу, ахэр дыуэ папщIэу зэрахьэу щытащ. Курыт лIэщIыгъуэхэм, пщы, уэркъ, къызэрыгуэкI лIакъуэу щызэхидз зэманым щыгъуэ, дамыгъэхэр унэцIэ къэс яIэн хуей хъуащ. ЦIыхум и унэцIэр щыжаIэм егъэпагэ, абы къыхэкIыу пщIэ хуищIыжын хуейщ.

Адыгэхэм Iэщышхуэ зэрахуэу, шы гуартэхэр яIэу щытащ, уеблэмэ зи шы лъэпкъ къэзыгъэхъуфыр мащIэтэкъым. Псалъэм папщIэ, Щолэхъухэ яш, Къундетхэ яш. Шым гъэплъауэ традзэ дамыгъэр лъэпкъми ейуэ, ар адэшхуэм и къуэм, адэкIэ и къуэрылъхум иритыжу къекIуэкIырт. Нобэр къыздэсми, ухуозэ я адэжьхэм я дамыгъэр унагъуэм илъу зезыхьэхэм. Дэ иджыпту шы гуартэ диIэкъым, ауэ лъэпкъыр дризэрыцIыхужыну, зэунэкъуэщхэр дызэрыгъуэтыжыну, дамыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. 

Ди зэманым дыкъэвгъэIэби, фи нэгу къыщIэвгъыхьэт иджы: си лъэпкъ дамыгъэр си машынэм тету сокIуэ. Къуажэ гуэрым сыдохьэри, абы сэ си унэкъуэщ дэсми дэмысми сщIэркъым, ауэ, ар пасэрей зэманым шым тет дамыгъэмкIэ шур зыщыщ лъэпкъыр къызэращIэу щытам ещхьыркъабзэу, сэри сыкъацIыхунущ. Ар узэрыгушхуэнкъэ-тIэ?! Ноби ди лъэпкъэгъухэм яхэтщ зи гъущI куэбжэхэм, я сынхэм, къезгъэблагъэ я тхылъымпIэ цIыкIухэм, тыкуэн, фабрикэ зиIэхэм я лъэпкъ дамыгъэхэр тезыдзэхэр. Ар щIыжысIэращи, нобэрей нэщэнэ хъуащ. Дамыгъэм нобэ зэунэкъуэщхэр зэрегъэгъуэтыж». 

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:

Читать также: