«Мо блахыр IэшрыI?!»

Зы лIы гуэрым апхуэдизкIэ IэшрыI фIэфIти, ишхым ишхыурэ зэгуэудащ жаIэ. Арати, сыт ящIэн – лIар щIэлъхьэн хуейкъэ?! Мо тхьэмыщкIэр кхъэм щыдахым щыгъуэ, нэгъуэщI уэрамымкIэ зыгуэрым IэшрыI игуэшыу блихырт. Абы и мэр мо кхъаблэм телъым къыщIихьэри: «Мо блахыр IэшрыI?!» - жиIэри къыщылъэтыжат жаIэ.
IэшрыIыр япэ дыдэу къыщежьам щыгъуэ адыгэхэм мажусий динрат зэрахьэр, мэзытхьэхэм, псыхъуэгуащэхэм, адрей тхьэпэлъытэхэм пщIэ хуащIу.
А зэманым IэшрыIыр хьэнтхъупс нэхъ лъапIэ дыдэу щыIахэм ящыщщ. Дэтхэнэ гъавэ щыIэми ар халъхьэрти, абыкIэ къагъэлъагъуэрт берычэтыр. ИужькIэ нартыхури джэшри халъхьэу щIадзащ.
АдэкIэ муслъымэн диным дихьа нэужь, абы щыщи къыхэтхащ: псалъэм папщIэ, къурмэнылым щыщ халъхьэ, къурмэн нэужьщ щащIри, Ашурэ жыхуаIэ махуэм ирагъэхьэлIэ. Нартыхури джэшри куэдрэ вэхэм ящыщщи, Iэмал гуэрхэр къыдогъэсэбэп нэхъ псынщIэу вэн щхьэкIэ.
Япэрауэ, нартыхур фIыуэ псы пщтыркIэ дотхьэщI, псы къэкъуэлъа щIыдокIэри нэху къыдогъэкI. Апхуэдэу тщIымэ, нартыхур езыр бэгынущ, итIанэ и пэм деж фIыцIэ цIыкIу илъыр фIыуэ къытхуихынущ. Абы иужькIэ псы къэкъуалъэм хыдолъхьэри догъавэ хьэзыр хъуху. Джэшыр псы щIыIэкIэ дотхьэщIри, псы щIыIэ щIыдокIэ. Ауэ а псыр япэ къэбгъэкъуалъэу бгъэупщIыIужын хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, джэшым псы цIынэ щIэпкIа иужькIэ быдэ мэхъур икIи IэфIкъым. Аращи, джэшыр ттхьэщIа нэужь, псыр щIыдокIэри, щIыIапIэм деж догъэув нэху къедгъэкIыну. Нэху къекIа иужькIэ джэшыр а псым хэлъу мафIэ цIыкIум тыдогъэувэ. Джэшыр ва нэужь, псыр занщIэу щIэвмыгъэж, езым щIэту тIэкIу щывгъэти нэхъ IэфI хъунущ.
Нартыху вам джэшыр ва иужькIэ хыдолъхьэ, шэ хыдокIэ, къыдогъэкъуалъэри, къурмэныл цIыкIу-цIыкIуу зэпыгъэжар хыдолъхьэж. Щхьэхуэу бжьын догъэлыбжьэ, шыбжийплърэ шкIэплърэ и гъусэу. IэшрыIыр фалъэм идокIэ, кхъуей цIынэрэ бжьын гъэлыбжьарэ хыдолъхьэ.
Гу зылъытапхъэ: Нартыхур сэбэпщ зи жьэжьей узхэм, е зи гур узым, псантхуэ, мэх уз зиIэм дежкIэ. 
ШкIэплъым жьэжьейм, зэзым илъ мывэр егъэткIу икIи къыхеш, жейри нэхъыфI ещI.
Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ цIыхубзхэр я нэкIур хужьу, дахэу зэрыщытымкIэ адрейхэм къахэщырт. Абыхэм зэпымыууэ зыщахуэрт нартыхум къыхащIыкI псы. Ар зэращIрат: нартыху хужьым и хьэдзэхэр къащтэри банкIым иралъхьэ, абы спирт щIакIэ. Нартыху хьэдзэр тIукIэ нэхъыбэу щытын хуейщ спиртым нэхърэ. БанкIым и щхьэр трапIэри, апхуэдэу щагъэт, махуэм тIэу и щхьэр трахыурэ фIыуэ зэIащIэу. Нартыхур фIэIуу щIедзэ. ИужькIэ фIэIурымэр хэмытыжу, спиртым и мэр къыпщIихьэу хъуамэ - ар хьэзыру аращ. Мис а псыр щхьэщагъэжырти, абыкIэ пщыхьэщхьэ къэс напэр зэпалъэщIыхьырт.

 

Бжьэдыгъу Аксанэ.
Поделиться:

Читать также: