Мы гъэм и кIэм нагъэсынущ

         «ЩIыуэпс»» къэрал пэхуэщIэм хиубыдэу 2024 гъэм Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щагъэкъэбзэнущ Бахъсэн псы Iуфэм щыщу километр 13. ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ лэжьыгъэ щхьэхуэхэр щызэфIагъэкIащ Эльбрус, Тегенекли жылэхэм я Iэхэлъахэхэм.

         Азау и мылылъэхэм зи псыпэр къыщежьэ Бахъсэн щIэх-щIэхыурэ ягъэкъэбзэн хуей мэхъу, абы къуршым кърихьэх пхъэкIэбжьэкIэхэр куэду зэрыщызэтрихьэм къыхэкIыу. Псыдзэ къиугъуэм кърихьэх мывэхэми псыIущIэхэр къыщагъэхъу щыIэщ, ахэр и чэзум IуамыгъэкъэбзыкIмэ, псыр къыщхьэдэуэхыу а щIыпIэм пэгъунэгъу жылэхэм зэран яхуэхъункIэ шынагъуэу.

Дызэрыщыгъуазэщи, Бахъсэн псым ди республикэм и щIыналъитху къызэщIеубыдэ, языныкъуэ къуажэхэр псы Iуфэм зэрыпэжыжьэ щымыIэу. Абыхэм ящыщщ «Iуащхьэмахуэ лъапэ» лъэпкъ паркри. Ауэ щыхъукIэ, а щIыпIэм хуэзэу щызэфIагъэувэж зэгуэр хэщIыныгъэшхуэ зыгъуэтауэ щыта бдзэжьей къуэлэнхэм я бжыгъэр. Ахэр зыхэс псыр сыт щыгъуи къабзэу щытын хуейщ. Лэжьыгъэхэм щыпащэнущ Кубасанты псыр Бахъсэн псым щыхэхуэжым ипщэIуэкIэ (2018 гъэм  лъэмыжыр щытрихауэ щыта щIыпIэм хуэзэу) къыщыщIэдзауэ Бахъсэн Ипщэ къуажэм нэсыху.

Iуэхум пэрыт IэщIагъэлIхэр щIыуэпсми зэран зэрыхуэмыхъуным хэтщ. Лъэпкъ паркым къыщокI Тхылъ Плъыжьым иратха жыг, къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд, абыхэм я дэтхэнэри хъумэн, гъэбэгъуэжын хуейуэ.  Сыт и уасэ Iуащхьэмахуэ лъапэ и уэздыгъейхэр. Абыхэм пкъыгъуэ сэбэпу хьэуам хаутIыпщхьэр Сыбырым къыщыкIхэм нэхърэ нэхъ мымащIэу къахутащ. Апхуэдэщ зи щхьэбжыгъэр зэфIагъэувэж бгы лъагэ псэущхьэхэри - мэз бжэнхэр, мыщэ гъуабжэхэр, щомыщхэр. А щIыпIэм апхуэдэу щыкIэлъоплъ нэгъуэщI щIыналъэхэм мащIэ дыдэу фIэкIа узыщримыхьэлIэж къуалэбзу лIэужьыгъуэхэми. Абыхэм къыхаха тIысыпIэхэм я Iэгъуэблагъэхэр сыт щыгъуи къабзэу икIи шынагъуэншэу щытын хуейщ.

         Псы Iуфэр гъэкъэбзэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр мы гъэм и кIэм нэсыху зэфIагъэкIыну я мурадщ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.

 

Поделиться: