IэнатIэр щыкуэдым деж

Илъэс бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, къэралым IэнатIэхэр щызэпэубыдауэ щытащ. ЩIэныгъэфI, IэщIагъэфI зиIэхэр мин бжыгъэкIэ уэрамым дэтащ, лэжьапIэ къалъыхъуэу икIи дунейм екIуу, я унагъуэхэр зыхуей хуэзэу ягъэпсэун щхьэкIэ, сыт хуэдэ къалэн къыхуамыгъэлъэгъуами зрапщытыну хьэзыру.
А лъэхъэнэм IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм зыхэплъыхьын, зыхэдэн яIэт, сыту жыпIэмэ, зы лэжьыгъэ IэнатIэм нэхъ мащIэ дыдэу цIыхуипщI хуэдиз щIэупщIэрт. Къызыхахын зэраIэм къыхэкIыу, я лэжьакIуэхэм хуэфащэ гулъытэ хуащIыртэкъым, уигу иримыхьмэ – зыIуегъэх, жыхуаIэу. Пщэдей нэгъуэщI къызэрыкIуэнум шэч къытрамыхьэжу.
Ауэ апхуэдэу куэдрэ екIуэкIынт - хуэм-хуэмурэ зэманым зихъуэжащ, цIыхухэми щылэжьэну щIыпIэмрэ зэрылэжьэну щIыкIэмрэ езыхэм къыхахыжыфи хъуащ. Иджы IэщIагъэлIхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ къалъыхъуэжыркъым лэжьапIэ IэнатIэхэр, атIэ IуэхущIапIэхэр езыхэр абыхэм щхьэкIэ чэзум увын хуей хъууэ къыщIидзыжащ.
Къыхэдгъэщынщи, Iуэхур апхуэдэу щыщытщ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэми. Псалъэм папщIэ, Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ - Аланием я IуэхущIапIэ куэдым цIыхухэр яхурикъуркъым.
Аращи, лэжьэн зэрамыгъуэтым къыхэкIыу, IэнатIэ зиIэхэм къащтэ цIыхухэм я улахуэхэм зэуэ хухагъахъуэ, ар нэгъуэщI щIыпIэкIэ емыплъэкIын, зыгуэрым дежкIэ зимыдзын щхьэкIэ. Абыи ныкъусаныгъэшхуэхэр хэлъщ - зыкIи щIэмыгъэбыдауэ куэду ят хъуа ахъшэм экономикэр хуэмурэ инфляцэм хуешэ. Сыту жыпIэмэ, лэжьыгъэу зэфIагъэкIыр йокIакIуэ, хэхъуэркъым, и пIэм йоджыхьыж. КъыщIагъэкIа продукцэм нэхърэ абы пагъакIуэу ахъшэ нэхъыбэ щатым деж, гува-щIэхами, инфляцэм ар хуэкIуэнущ.
2023 гъэм ди къэралым зы лэжьыгъэ IэнатIэм щхьэкIэ зэныкъуэкъухэр пункти 3,5-рэ хъууэ щытащ, е нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, лэжьыгъэ щхьэкIэ лъэIу тхылъу IуэхущIапIэхэм щIалъхьар 3,5-рэ мэхъу. Псалъэм папщIэ, Ставрополь крайм ар пункти 3,4-уэ щыщытащ нэгъабэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым - 1,1-рэ, Къэрэшей-Шэрджэсым - 3,6-рэ, Дагъыстэным - 2, Осетие Ищхъэрэ - Аланием - 2,6-рэ. Iуэхум хэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, мыпхуэдэ бжыгъэ мыхьэнэншэхэр япэм щыIауэ ящIэжыркъым.
Иджы IуэхущIапIэхэм зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр я деж кърашэлIэн щхьэкIэ абыхэм сытри хуащIэнущ, армыхъумэ я лэжьыгъэр къэувыIэнкIэ шынагъуэ щыIэщ, абы къыдэкIуэу банкротым хуэкIуэнущ. Абы нэмыщI, къэлъытэн хуейщ зы щIыпIэм икIыу нэгъуэщI щIыналъэхэм Iэпхъуэн гукъыдэж зыщIхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъур, а здэкIуэну щIыпIэхэми Iуэхур апхуэдэу зэрыщыщытыр къагуроIуэри. Ар Кавказ Ищхъэрэм и закъуэкъым, атIэ къэралым и щIыналъэ псоми къыщокIуэкI.
Иджыпсту цIыхуIэ яхурикъуркъым сату щIапIэхэм, автомобиль бизнесым хэтхэм, медицинэм, фармацевтикэм, ухуэныгъэмрэ псэупIэхэр зыщэ IэнатIэхэмрэ, жылагъуэ транспортым, хьэлъэхэр къезышэкIхэм, хьэпшыпхэмрэ ерыскъымрэ къыщIэзыгъэкIхэм, хьэщIэщхэм, шхапIэхэм, нэгъуэщIхэми.
Ауэ лэжьакIуэ къэзылъыхъуэхэр нэхъыбэу зыхуэныкъуэр токархэрщ, пхъэнкIакIуэ-лъэсакIуэхэрщ, автомеханикхэрщ, ерыскъыхэкIхэм елэжь, хьэпшып зэхуэмыдэхэр, унэлъащIэхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм щагъэлажьэнхэрщ. Апхуэдэ гугъуехьхэр щыIэщ сату щIапIэхэми, шхапIэхэми, узыншагъэр хъумэн IэнатIэми.
IуэхущIапIэхэм жыджэру лэжьакIуэхэр къалъыхъуэ, улахуэхэм хущIагъу, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэтхэм макIуэ, студентхэм яIуощIэ, ауэ абы щхьэкIэ Iуэхум зихъуэжыркъым - мазэ къэс вакансие бжыгъэм къыхохъуэ, лэжьыгъэ IэнатIэ щхьэкIэ лъаIуэхэм якIэроху, псом хуэмыдэу, нэгъабэ и гъатхэпэм щегъэжьауэ.
ХэзыщIыкIхэм зэрыжаIэмкIэ, хамэ къэралхэм кърашу ди деж къакIуэ лэжьакIуэхэми а щытыкIэм зыкIи зрагъэхъуэжыфынукъым.
 

 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: