Мэкъумэш техникэхэм къахохъуэБлэкIа илъэсым республикэм и мэкъумэшыщIэхэм техникэщIэу I98-рэ къащэхуащ, 2022 гъэм нэхърэ ар 70-кIэ нэхъыбэщ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм.
Трактору яIэм 2023 гъэм къахэхъуащ I4I-рэ, ипэ ита илъэсым ар зэрыхъуар 40-щ. 2022 гъэм елъытауэ гуэдз зэрыIуахыж комбайну къащэхуар 8-кIэ нэхъыбэщ - 2023 гъэм ар I4 ирагъэкъуащ. Iусыпхъэхэр зэрыIуахыж комбайну, 2022 гъэм хуэдэуи, блэкIа илъэсым къащэхуар зыщ.
Мыдрей нэгъуэщI мэкъумэш техникэу псори зэхэту къащэхуар 42-рэ мэхъу, ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм елъытауэ.
ЛизингкIэ зыIэрагъэхьэ техникэми къыхэхъуащ. 2022 гъэм апхуэдэ IэмалкIэ къащэхуар 67-рэ хъууэ щытамэ, блэкIа илъэсым 89-м нагъэсащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
02.05.2024 - 12:31 →
Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр
02.05.2024 - 12:28 →
ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ
01.05.2024 - 13:43 →
«ТекIуэныгъэм и диктантым» зрагъэубгъу
|