Нартыху жылапхъэхэр яхурегъашэ

2024 гъэм и япэ махуитIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым нартыху жылэу тонни 120-рэ къэралым и щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ яхуригъэшащ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ «Россельхознадзор»-м и управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм. 
Илъэс къэс республикэм къыщрахьэлIэж нартыху жылапхъэу тонн мин 15-м щIигъу, я фIагъкIэ, къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэхэмкIэ зэщхьэщыкIыу. Мы гъэм щIыналъэм ираша нартыху жылапхъэм щыщу тонни 100-р Белоруссием ягъэкIуащ, тонн 20-м щIигъур – Свердловск областым хуаутIыпщащ. 
«Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщагъэкIащ» дамыгъэр тету нартыху жылэхэр республикэм хамэ щIыналъэхэм яхуригъэшэн щIидзауэ аращ икIи ар ирагъэкIуэкIынущ гъатхэм мэкъумэшыщIэхэр губгъуэ лэжьыгъэхэм яужь ихьэху.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: