ЦIыху Iэпкълъэпкъым теухуауэ

I. Лъы мыкIуэу цIыхум и Iэпкълъэпкъым зы щIыпIэ закъуэщ иIэр – и нэщIыIуфэр (роговица глаза). ЦIыхум и нэр щызэтехам деж нэщIыIуфэм хьэуар лъоIэсри, апхуэдэу къыIэрыхьэ кислородым ирокъу, лъынтхуэ емыкIуалIэми.
2. Сабийр мазибл ирикъуху шхэнри бэуэнри зэдахь. ЦIыху балигъым апхуэдэу хуэщIынукъым иужь ихьэми.
3. Псантхуэм ирижэ импульсым зы сыхьэтым километр 274-рэ къызэпеч.
4. Дунейм телефону тетым зэгъусэу япкърыт электроимпульсым нэхърэ нэхъыбэ зы махуэм къегъэщI цIыхум и щхьэ кIуцIым. 
5. Зы цIыхум и Iэпкълъэпкъым химие пкъыгъуэу хэлъыр къэбгъэсэбэпу къыпхуэгъэщIынут зы хьэ хэз бжьыдзэ зыукIын серэ, къэрэндащ 900 къэзыщIын углерод, зы топышэ зыгъэуэн калий, сабын Iыхьи 7 къызыхэкIын дагъэ, псы литр 50-м щIигъу.
6. ЦIыхум и гъащIэм къриубыдэу абы и гум ику иту лъы литр мелуани 182-рэ кърехуэкI.
7. Мы псалъэухам уеджэху, уи Iэпкълъэпкъым щыщу налъэ мин 50 малIэри, абыхэм я пIэм щIэ къоувэж.
8. Чарльз Осборн зэпымычу илъэс 68-кIэ хьэкIащ.
9. Iэ ижькIэ тхэхэр Iэ сэмэгукIэ тхэхэм нэхърэ илъэси 9-кIэ нэхъыбэрэ мэпсэу.
I0. ЦIыхум пщIыхьэпIэу илъагъум и процент 90-р щогъупщэж.
11. Зи ныбжь нэса цIыхум и гъащIэм и кIэм ирихьэлIэу информацэ террабайти 150-рэ и щхьэ куцIым илъщ, абыхэм я нэхъыбапIэр къыхуэмыгубзыгъыжми.
12. ЦIыху Iэпкълъэпкъым хуабагъэр фIокIуэд. Абы и процент 80-р щхьэмкIэ къыпкърокI.
13. ЦIыхум псыхуэлIэр къыщохьэ и Iэпкълъэпкъым псыуэ итым и зы процент фIэкIуэдамэ. Проценти 5 хэщIмэ къомэх, проценти 10 хуримыкъумэ – малIэ.
14. Илъэси 4 ирикъу сабийм зы махуэм къриубыдэу упщIэ 450-рэ ет.
15. ЦIыхуитI дунейм теткъым я IэпапIэр зэтехуэу. Псэущхьэхэм апхуэдэу яхэтыр коалэращ. 
16. Узыфэ куэд бактерие зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу жаIэ. Ауэ щIэныгъэлIхэр зыщыгъуазэ бактериехэм я проценти 10-ращ шынагъуэр.
17. ЦIыхум и гъащIэм къриубыдэу и фэр 1000-рэ токIри къытокIэж. Ауэ абы зэи гу лъитэркъым езым. 
18. Iэпкълъэпкъым мывэ хьэзыру 4 пкърылъщ: апатит, арагонит, кальцит, кристобалит.
19. Зы дакъикъэм къриубыдэу щхьэ куцIым химие реакцэ мини 100 къыщокIуэкI.
20. Сабийм лъэгуажьэтес имыIэу къалъху. Ахэр сабийр илъэси 2 - 6 щыхъум ирихьэлIэу къикIэу аращ. 
21. Iэпкълъэпкъым нэхъ лъэщ дыдэу хэт лыпцIэр бзэгурщ. 
22. Сабий цIынэм и щхьэ куцIыр налъэ мелард 14-у зэхэлъщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм я бжыгъэр хэхъуэркъым, атIэ, хэщIурэ макIуэ. ЦIыхум и ныбжьыр илъэс 25-м зэрынэсу, щхьэ куцIым налъэ мини 100-м щIигъу холIыкI зы махуэм къриубыдэу. Тхылъ щеджэкIэ, зы дакъикъэм налъэ 70 малIэ. ЦIыхур илъэс 40-м нэса нэужь, налъэхэр нэхъ псынщIэу кIуэдын щIадзэри, илъэс 50-м ирихьэлIэу щхьэ куцIыр, къапщIэу, нэхъ цIыкIу, щыгъупщэх мэхъу, языныкъуэ къуэпсхэр мэгъу. 
23. КIэтIий псыгъуэм метри 2,5-рэщ и кIыхьагъыр. Ауэ, цIыхум и псэр зэрыхэкIыу, кIэтIийм лэжьэн щегъэт, мэпсэхужри, метри 6-м нэсу зешэщIыж.
24. ЦIыху балигъым зы махуэм къриубыдэу мин 23-рэ хьэуар жьэдешэри къыжьэдрегъэхуж.
25. ЦIыхум и жьэ кIуэцIым бактерие мин 40 жьэдэсщ.
26. ЦIыху балигъым и нэм плъыфэ мелуани 10 хузэхогъэкI, ауэ сабий къалъхуагъащIэм щIыхур илъагъуххэркъым. 
27. Зы жэщ-махуэм къриубыду цIыхум псалъэ 4800-рэ къыжьэдокI.
28. ЦIыхур пщэдджыжьым миллиметри 8-кIэ нэхъ лъагэщ пщыхьэщхьэм нэхърэ. Махуэ псом лэжьа цIыхум и тхыцIэр зэщегуэри, жэщым, зыщигъэпсэхукIэ, зеукъуэдииж. 
29. ЦIыхур щыпсчэкIэ къыжьэдэкI жьым зы сыхьэтым километри 100 къызэпеч.
30. Сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэ цIыхур махуи 10-кIэ мыжеймэ, лIэнущ. Къыхэгъэщыпхъэщ ар шхыныншэу тхьэмахуэ бжыгъэкIэ зэрыпсэуфынур, жейкIэ ирикъумэ. 

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: